Абы дегъэпIейтей

ЛIыгъэр гущIэгъум и бийкъым

Кавказым ущыщу, уи гум зэпхимыдзынкIэ Iэмал иIэтэкъым Башкортостаным и телевиденэм илъэс блэкIам и кIэм щекIуэкIа псалъэмакъыр. Зи гугъу тщIыр цIыхубэм я гукъеуэхэр жригъэIэну, эфир занщIэ езыгъэкIуэкIа депутат Ишмухаметов Рустам зыкъыхуэзыгъэза бзылъхугъэм Кавказым щыщхэм къытхужиIахэрщ.

Узыр къэзыутIыпщар Китаймрэ Америкэмрэщ

 «Ухань щекIуэкIам теухуа пэжыр» - ар и фIэщыгъэу Америкэм щыщ щIэныгъэлI Хафф Эндрю тхылъ къыдигъэкIащ. Дохутырым США-м и тетыгъуэр егъэкъуаншэ ковид уз зэрыцIалэр дунейм къызэрытриутIыпщхьамкIэ.

Биотехниер псэущхьэхэм я щIэгъэкъуэнщ

ЩIыналъэ мыхьэнэ зиIэу, ди республикэм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэ дэгухэм Тхылъ Плъыжьым иратха псэущхьэ лъэпкъыгъуэу 70-м щIигъу мы лъэхъэнэм щопсэу.

ЛъэхъэнэщIэ къытпоплъэ

2014 гъэм иужькIэ ди къэралым къыщыхъуахэм куэдым урагъэгупсыс. Псом япэу абыхэм дезыхулIэри мы упщIэ къызэрыгуэкIырщ: дэ дагъэлъэщыну КъухьэпIэм зэкIэлъыкIуэу, зым нэхърэ адрейр нэхъ ткIиижу къытхуигъэув санкцэхэм? Абы ират жэуапхэр зэщхьэщокI, арщхьэкIэ я мыхьэнэкIэ зэтохуэ: дэ а удынхэм дапэщIэтыфынущ, гугъу дехьми. ЕпIэщIэкIыу къыщIагъэкIыу щIадзэ ди жагъуэгъу къэралхэм къытпаубыда хьэпшыпхэр, пкъыгъуэхэр, машинэхэр, н.къ.

КIуэдыжыпэнкIэ шынагъуэщ

Къурш бжэныр зэ зылъэгъуам абы и теплъэр щыгъупщэжынкъым. Езыр инкъым, и лъагагъыр сантиметр 65 - 70, и кIыхьагъыр сантиметри 125 - 135, и хьэлъагъыр килограмм 32 - 36-м нос. И пкъым зыри лейуэ кIэрылъкъым. ЦIыхур дихьэхын, и дахагъэр иригъэгъэщIэгъуэн папщIэ къигъэщIа хуэдэщ ар.

ГъащIэр - бэзэркъым, цIыхур - хьэпшыпкъым

 «Махуэкур» зыхухэтха Iуэхухэм язщ экономикэр. ЦIыхур зыхуей хуэзэн папщIэ, жылагъуэм ахъшэ къыщыблэжьыфу щытын хуейщ. Ауэ гъащIэр зэрыщыту а зыгуэр къэлэжьынымрэ зэхуэхьэсынымрэ щытегъэпсыхьам деж, езы цIыхум и мыхьэнэр щыкIэрыху куэдрэ къохъу. Иджыпсту зыгуэр къэзыщэхухэр нэхъ мащIэу къыпфIощI зыщэхэм нэхърэ. Дауэ-тIэ апхуэдэ гъащIэм цIыхур къызэрелыр?

Чэфу рулым дэст

Шэрэдж районым суд щытращIыхьащ чэфу автомашинэр зезыгъакIуэм.

Районым и прокурорым и дэIэпыкъуэгъу Вовк Алексей арэзы техъуащ Х. зэрагъэкъуаншэ уголовнэ Iуэхум.

ЗэрызэхагъэкIамкIэ, суд зытращIыхьыр 2022 гъэм и бадзэуэгъуэм яубыдащ чэфу рулым дэсу. Фадэ ефарэ емыфарэ зэхагъэкIын папщIэ медицинэ къэпщытэныгъэм яхупхымыкIыу административнэ къуэды тралъхьауэ щытащ абы нэхъ пасэу.

Судым Х. къуаншэу къилъытащ икIи къыхуагъэлъагъуэ лэжьыгъэр сыхьэт 250-кIэ игъэзэщIэну хуагъэуващ, илъэситIкIэ рулым дэтIысхьэнуи хуиткъым.

Узыхуэсакъым ущыхъумащ

IэфIым, псом хуэмыдэу фошыгъум и зэранышхуэ къокI иджырей цIыхум. Фошыгъу узым егъэлеяуэ зэрызиубгъум къыхэкIыу, 1991 гъэ лъандэрэ абы лейуэ и гугъу щащI махуэ хахащ - щэкIуэгъуэм и 14-р. Узыр яхуэмыгъэхъужыххэу щытащ зэман кIыхькIэ. Канадэм щыщ щIэныгъэлI щIалэ Бантинг Фредерик фошыгъу уз къызэуз щIалэ цIыкIум 1922 гъэм инсулин хиIури, ар нэхъыфI зэрыхъуам кърикIуа зэхъуэкIыныгъэ къомыр революцэ пэлъытэ хъуащ. Бантинг ирата Нобель и саугъэтри къимылэжьауэ щыттэкъым.

Аникеевым ишхэр ядыгъуащ

Адыгэш зезыхуэ псоми фIыуэ яцIыху Краснодар крайм щыIэ «Аникеевым и адыгэш заводыр». Шыхъуэ цIэрыIуэр дунейм зэрехыжрэ, лэжьыгъэр Сергей и къуэ Александр и пщэ къыдэхуащ. Иджы зэхыдох заводым щыщу шы 50 ямыцIыху гуэрхэм ирахуэжьауэ.

Блым язщ

Жызумей хадэхэр къыщагъэщIэрэщIэжын хуейуэ Урысей Правительствэм къигъэлъэгъуахэм яхэхуащ ди республикэр. ЩIыналъэхэр 7 мэхъу: Кърымыр, Ростов областыр, Ставрополь краир, Кубань щIыналъэр, Осетие Ищхъэрэ - Аланиер, Дагъыстэныр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр (Тэрч и Iуфэ удзыпцIэхэр).
ЖызумщIапIэхэм я гъунапкъэхэр хабзэм тету ягъэбелджылащ. Урысей Правительствэм игъэуващ, шагъырым елэжьыну IуэхущIапIэхэм ди къэралым къыщагъэкIа жызумхэм фIэкIа нэгъуэщI къэралыгъуэхэм ар кърашыну хуимыту, арыншамэ абы къыхащIыкIыр ди къэралым ейуэ къилъытэнукъым икIи абыкIэ хилъэфэнур а хабзэм ебакъуэхэрщ.

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей