А пщэдджыжьым зауэр къэхъеят

Дзэ щIыхьым и къалэ Налшык, мэкъуауэгъуэм и 22-м пщэдджыжьыр сыхьэтиплIым ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхым и деж щекIуэкIащ Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэм теухуа «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» урысейпсо Iуэхугъуэм хыхьэ пэкIу.

Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым я щхьэр хуагъэщхъыну МафIэ мыужьыхым и деж щызэхуэсат цIыху куэд. «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» Iуэхум хэтащ республикэ МВД-м, Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм, КъБР-м щыIэ Росгвардием я унафэщIхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ, ветеранхэр, къалэм и муниципальнэ IэнатIэхэм, щIалэгъуалэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.
 Хэку зауэшхуэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа пэкIур къыщызэIуихым жиIащ Хэкур яхъумэу зи гъащIэр зытахэр, совет цIыхухэм ТекIуэныгъэр къахьын щхьэкIэ я фэм дагъэхуар зэи зэращымыгъупщэнур.
 Дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэдахэм папщIэ дыуэ ирагъэщIащ.
Пщэдджыжьым пшэплъ къыщищIым ирихьэлIэу. къызэхуэсахэм шэху уэздыгъэхэр пагъэнащ, дакъикъэкIэ щыгъуэри, МафIэ мыужьыхым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
 

Дыгулыбгъу Жантинэ.
Поделиться: