ТХЫДЭМ ХИМЫЩIЫКI КЪУДЕЙКЪЫМ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей жэуап ирет

Дунейм адыгэу тетыр зыгъэпIейтея, Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей «Спутник» агентствэм дригъэкIуэкIа псалъэмакъым зэгуигъэпа адыгэ зэгухьэныгъэхэм язщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэри. Дипломатым лъэпкъ псом тхыдэм къыпхиха и пщIэр игъэлъэхъша къудейкъым, зыгъэкIуа къэралри, и псалъэхэр щыжиIа Тырку Республикэри, ар зэхэзыхыжа дунейпсо цIыхубэри хъыбар нэпцIым и пащхьэ иригъэуващ. Ди тхыдэм химыщIыкIыу тепсэлъыхьауэ щытми, Урысей Федерацэм и цIэкIэ дунейпсо утыку ихьа лIы балигъым езым и щIэныгъэри, и цIыху хэтыкIэри, и къулыкъу зехьэкIэри игъэпудыжащ.

Тхыдэм и унафэщ адыгэхэм къэзакъхэр гъунэгъу къазэрыхуэхъуар. Ауэ Кавказ зауэр адыгэхэм я хьэл мыхъумыщIэм, ямейр зэрапхъуэн гукъыдэжым, «щIэпхъаджагъэ» зыфIэпщыфын дуней тетыкIэм кърикIуа Iуэхуу жыпIэу, мелуан бжыгъэкIэ цIыху зыхэкIуэда зауэм «шыпсэ дахащэ» фIэпщу утыку укъиувэныр Ерховми ар и къулыкъум пэрызыгъэувахэми яхуэфащэкъым.
Ерхов Алексей IэщIэщIам    кърикIуапхъэ  унафэ  УФ-м   Хамэ  къэралхэмкIэ и   министерствэм   къыщыхуащIыну  дыщогугъ.
 

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
Поделиться:

Читать также: