Гъэлъэгъуэныгъэ иным и утыкум

2024 гъэр Унагъуэм и илъэсщ

 Ди къэралым и щыхьэр Москва и ВДНХ-м мазэ зыбжанэ лъандэрэ щокIуэкI «Урысей» дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ иныр. БлэкIа иужьрей махуищыр абы щыхухауэ щытащ 2024 гъэр Урысей Федерацэм Унагъуэм и илъэсу зэрыщагъэувам. Абы щекIуэкIа «Iыхьлыхэр – фIыуэ тлъагъухэр» зэхуэсышхуэм хэтащ ди республикэм и лIыкIуэхэри.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хухаха плIанэпэшхуэм ди щIыналъэм икIахэм къыщызэрагъэпэщащ Унагъуэм и илъэсым хуэгъэпсауэ ди деж щекIуэкIыну Iуэхугъуэхэр къызэрыщ гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт. КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Миронов Николай абы и утыкум зэрыщыжиIамкIэ, «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» проектым къыщыгъэлъэгъуахэр я тегъэщIапIэу апхуэдэ сабийхэм зэрызыщIагъэкъуэн Iэмалхэр къалъыхъуащ, а Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэнми иужь ихьэнущ. Апхуэдэу проектыщIэм и жэрдэмщIакIуэхэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ хуащIащ ди къэралым гъунэгъу щIыналъэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэхугъуэ хэхам хэт ди лъахэгъу зауэлIхэм я унагъуэхэм, абыхэм ис бынхэм къэрал, жылагъуэ гулъытэ дапщэщи зэрагъуэтым.
Къыхэдгъэщынщи, «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» проектыр ди щIыналъэм щолажьэ, республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхилъхьа а жэрдэмым тету. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэр епхащ УФ-м и Президентым и унафэкIэ къызэрагъэпэща «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм ди щIыналъэм зыщегъэубгъуным, дыщIыгъуным. Проектым къызэщIеубыдэ щытыкIэ гугъум ихуа сабийхэм зэрызащIэбгъакъуэ хъуну унэтIыныгъэ куэд. Абыхэм хохьэ апхуэдэ щытыкIэр къызытехьэлъэ сабийхэм щхьэхуэу ядэлэжьэныр, я унагъуэхэм ихьэныр, я еджэным кIэлъыплъыныр, нэгъуэщIхэри.
А псоми и гугъу щащIащ гъэлъэгъуэныгъэ иным и утыкум. Шэч хэлъкъым абыхэм щыгъуазэ зыхуэзыщIахэм а Iуэхугъуэхэр гунэс зэращыхъуами.
 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ