Пасэрей тхылъ хъумапIэ

Сакья жыхуаIэ къулъшырыфыр Тибетым щыIэщ, къуршым метр 4300-кIэ удэкIуеймэ тращIыхьарэ, Шигадзе къалэм километри 148-кIэ пэжыжьэу. Къулъшырыфыр 1073 гъэм Гьялпо Кончог иухуауэ жаIэ. Япэ дыдэу буддизмыр къэзыщта тибет монахи 7-м язым и щIэблэт ар. «Ягъэунэхуа ЛIибл» жаIэт абыхэм щхьэкIэ. Хабзэ зэрахуэхъуати, тетыгъуэр къуэм адэм Iэпихыурэ апхуэдэущ къызэрекIуэкIар. ИкIи Гьялпо къуршыщхьэм трищIыхьа къулъшырыфым и япэ унафэщIу щытащ. 
18-нэ лIэщIыгъуэ хъуху Юань монгол лIакъуэр мы къулъшырыфым и унафэщIрэ, Тибет псом и тету къэгъуэгурыкIуащ. АпщIондэху къалэ псо хуэдиз къызэрыгъэхъуа Сакья къулъшырыфыр Тибет псом и административнэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэ хъуат. Абы и монаххэр зэрыеджагъэшхуэм и мызакъуэу, политик лъэрызехьэу зыкъагъэлъэгъуат Тибетыр къэралыгъуэ щхьэхуэу къэлъытэнымкIэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр къапщтэмэ. Юань лIакъуэм Китайм щиIэ цIыхугъэхэр Iуэхум къыхашэурэ яхуэзэфIэкI къагъанэртэкъым я мурадыр къайхъулIэн папщIэ. 
Ауэ 1959 гъэм Китайм Тибетыр ихьэхури, Сакья къулъшырыфым и унафэщIыр Индием Iэпхъуащ. Абдеж абы иджыри зы къулъшырыф щиухуэри, щетIысэхащ.
Псалъэмакъыр къыщIетхьэжьэжа тхылъ хъумапIэмкIэ къэдгъэзэжынщ. ЗэрыжаIэу, Iуэхум и къежьапIэр умыщIэмэ и кIэухри къыбгурыIуэркъым. АтIэ, Тибетым къыщына Сакья къулъшырыфыр гъэщIэгъуэныщэу ухуауэ къыщIэкIат. Абы и унащхьэхэмрэ блынхэмрэ гъэщIэрэщIат тибет буддистхэм къагъэсэбэп хьэрф зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ. КъищынэмыщIауэ, тхылъ хъумапIэ телъыджэ къыщагъуэтат…
ЗэрыжаIэмкIэ, а тхылъ хъумапIэм хуэдэ дунейм теткъым. 2023 гъэм археологхэм зэрымыщIэкIэ къагъуэтат иджыри зы пэшышхуэ, и блынхэр дращIейуэ ягъэбыдэжауэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, абы къыщагъуэта Iэрытххэм нэхърэ нэхъыжь дуней псом теткъым. КъищынэмыщIауэ, ахэр сурэт гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэщIэрэщIэжащ, зытепсэлъыхьыр нэхъ нахуэу къаIуатэу. Тхыдэм, астрономием, математикэм, гъуазджэхэм ехьэлIа тхылъ мин 84-рэ къагъуэтам хуэдэ цIыхум илъэгъуакъым алъандэрэ! Дэтхэнэри сурэткIэ гъэщIэрэщIарэ гъущI пхъуантэ цIыкIум дэлъыжщ, хьэрфхэр зэрытха лэчым дыжьынрэ дыщэрэ хэлъу къахутащ. ЗэрыжаIэу, дыщэпскIэ ятхыжат тибет монаххэм я тхыдэ жыжьэр. 
Сакья библиотекэм ехъумэ иужьрей илъэс мин кIуам и тхыдэм и пэжыпIэр. Кангьюррэ Тенгьюррэ жыхуиIэ тхыгъэхэращ буддизмым лъабжьэ хуэхъуар. Ахэри щIэлъащ щэху хъумапIэм. КъищынэмыщIауэ, къагъуэтащ килограмм 500 хъу тхылъ, хабзэхэр щызэхуэхьэсауэ. КъызэрахутамкIи, абы нэхърэ нэхъ тхылъ ин дунейм теткъым. 
ФIэщхъуныгъэм и закъуэ мыхъуу, тхыдэмкIэ, медицинэмкIэ, географиемкIэ, гъуазджэхэмкIэ, философиемкIэ тхылъ гъуэзэджэхэр, зэманыр къызэрабжым, театрым, грамматикэм, усыгъэм, уэрэдым теухуа тхыгъэ бжыгъэншэхэр, дыщэ пыIэхэр, фэилъхьэгъуэ, фащэ зэхуэмыдэхэр, фэеплъхэр, къупщхьэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэр, сурэтхэр щIэлъщ библиотекэм. Сурэтым фIыуэ хэзыщIыкIхэм жаIэ библиотекэм къыщагъуэтыжа сурэтхэм хуэдэ зэи зэрамылъэгъуар, Iэмал гъэщIэгъуэнкIэ ахэр зэрыщIар. 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: