ЩIэиным и лъапIагъыр

Къуэрылъху-пхъурылъхухэм я дадэ-нанэхэм лъагъуныгъэшхуэ зэрыхуаIэр, дауи, си деж къыщежьакъым.
Гъэ псом сежьэрт къуажэ жыжьэм щыпсэу ди анэшхуэр (ди адэм и анэр) гъэмахуэр къэсмэ, къызэрытхуашэнум. Ди унагъуэм щIэс псори а махуэм зэхэзежэ хъурт, зы Iуэхугъуэшхуэм зыхуагъэхьэзыру къыпщыхъуу. Унэри, пщIантIэри, уэрамри зэщIакъуэрт, зэщIапхъанкIэрт. Сэ сыцIыкIути, нэхъыжьхэм Iуэху къыслъагъэстэкъым, ауэ зыгуэркIэ садэIэпыкъумэ сфIэфIу яужь ситу къэзжыхьт. Куэбжэпэм къыIулъадэ машинэм и бгыр захуэу, и щхьэр лъагэу Iэтауэ къиувыкIырт нанэ. Сабий гупым, мащIэу къытхупыгуфIыкIыурэ, унэмкIэ щIыхьэрт ди адэ-анэм я гъусэу. Абыхэм я ужьым кIэщIу иту и шумэдан цIыкIур иIыгъыу якIэлъыщIихьэрт си дэлъхум. Дэ бжэщхьэIум дебэкъуэну ди гущхьэ къэкIыххэтэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нанэ и къэкIуэгъуэм фIыуэ япэ иту абы дызэрыпежьэн хуей щIыкIэри, дедэIуэн зэрыхуейри, дызэран зэрымыхъунури ди адэ-анэм фIыуэ къыдгурагъаIуэрт. Жыжьэ къикIа нанэм къыщыкIуа махуэм зигъэпсэхужын зэрыхуейр апхуэдизкIэ ди щхьэм къралъхьати, ар зыщIэлъ унэмкIэ лъапэпцIийуэ дыблэкI дыкъыблэкIыжу фIэкIа, апхуэдизрэ дызэжьа ди анэшхуэм и IэплIэм зиддзэну, ди дэлъхум къыдихьа шумэдан цIыкIум дэлъ IэфIыкIэр зэхуэдгуэшу дыкъыщIэжыжыну дытегушхуэртэкъым.
Сабий зэхэзежэ макъ зэпыу имыIэу къызыщIэIукI унэр зэуэ щым хъурт. Нэхъыжьхэм нанэ зыгуэрхэр хущIахьэу щыщIыхьэкIэ дэ абыхэм дехъуапсэу дакIэлъыплъырт.
ЕтIуанэ махуэм къаруи, унафи, шыни щыIэжтэкъым нанэ и пэшым дыщIимыгъэхьэу къытпэувыфыну. Зыр зым Iуидзыну хэту зэуэ псоми зеддзырт, езыми псоми ди щхьэфэм чэзууэрэ Iэ къыддилъэрт, иужькIэ хуэму и шумэдан цIыкIумкIэ зишийрти:
- Къызэфтыт модэ мо шумэданыр, - жиIэрт.
Дызэрызехьэу къыхуэтхьт дэ ар. А дакъикъэм зэрызытщIымкIэ пщIэнтэкъым IэфIыкIэ жыхуаIэ дагъэшхыу.
Нанэ хуэм дыдэу зэтриха шумэданым къыдих сэмбым илъ кIэнфет мащIэр тIурытI-щырыщ тхуэхъуу арат. Ауэ ари тхурикъурт, къыдэлыжу. Нанэ и шумэданым къызэрыдихыр арагъэнут а псом тфIэгъэщIэгъуэну хэлъыр.
- А, джаурхэ, сивудыным хуэдэу зыкъызэвдзати, иджы тIурытI-щырыщри фхуэшхкъыми! - къыддэгушыIэрт.
Зэманыр кIуэрт. Ныбжьыр зытекIуэ нанэ и пэм хуэдэу лъэрызехьэжтэкъым, ауэ ди адэ-анэм и пэми хуэдэу ар къашэрти, «сыфшэж» жиIэу хигъэзыхьыху щыIэт.
Мы си гум къинэжа хъыбарыр къыщыхъуар ебланэ классым сыщIэсущ. Гъэмахуэм къаша ди анэшхуэр бжьыхьэми ямышэжауэ ди деж щыIэт. Хэт ищIэрэ, и псэм ищIауэ къыщIэкIынт афIэкIа и къуэ нэхъыжьым деж щыIэну къызэрыхуимыхуэжынури, «сыфшэж» жиIэртэкъым.
Махуэ гуэрым еджапIэм сыкъыщикIыжам, хэт лэжьапIэ, хэт еджапIэ щыIэт. Унэм сыщIыхьэжу, Iэуэлъауэ макъ зэрызэхихыу:
- Зыгуэр фыкъэкIуэжам, Тхьэм и шыкурщ! Мыдэ къакIуэт, - хъурджауэ макъ щIэту къэджащ нанэ.
Тхылъылъэр сыздэщытым щезгъэувэхри, нанэ и пэшымкIэ сыщIэлъэдащ.
- Мыр сыт, нанэ, щхьэ уи закъуэ? Мамэ дэнэ щыIэ? - щабэу сеупщIащ нанэ.
- Псори фызэбгырыкIащ. Фи анэр «иджыпсту къэзгъэзэжынщ», - жиIэри здэкIуэри къызжимыIэу щIэкIащ. Ар Iуэхукъым (нанэ шхыIэн щIагъым щыпэщащэурэ къызэпсалъэрт), мыдэ зыгуэр сфIэкIуэдащи, къыздэлъыхъуэ, - къызэрыгубжьар зыхэпщIэу псалъэрт.
Зыкъомрэ и пIэ щIагъым «зыгуэрыр» къыщыслъыхъуа нэужь, «Нанэ, сыт къэплъыхъуэр?» – жысIэри сеупщIащ.
- ПэлъэщI бэлътокур, нэху. А зы закъуэращ мы дуней псом фэеплъу сиIэжыр, зауэм хэкIуэда фи адэшхуэм къыщIэнауэ. Ари сфIэвгъэкIуэдамэ, сыт сэ гурыфIыгъуэу къысхуэнэжар?
Зэрышхыдэм хуэдэурэ, ди адэшхуэм и кIуэдыкIам и гугъу къысхуищIащ, си жагъуэ зэрыхъужщи, игъащIэкIэ зэхэзмыхыжыну а хъыбарыр сIэщIэкIащ, сигу схуиубыдакъым сысабийти.
ПIэ щIагъи шхыIэнтебзи къэзмыгъанэу щIэспщыкIа нэужь, сигу къэкIащ: «Иджыпсту нэгъуэщI бэлътоку къэсщтэнщи, нанэ и бэлътокужьым нэхъ ещхьу», - жысIэри…
Си насыпти, мызэ-мытIэу ар слъэгъуат: «Мы фейцейр щхьэ иIыгъ?» - жысIат.
Зыри жызмыIэу зызгъэбзэхри, тепIэнхэр зыдэлъ шкафым цIыхухъу бэлътоку зыбжанэм щыщ къасщтэри, щIыбым сыщIэжащ. ЕджапIэм сыкъызэрикIыжа щыгъынри зэрысщыгъыу, кIэпхын хужьри сIулъыу пщIантIэкум ситIысхьауэ асфальт быдэм бэлътокур щысхъуэу сыздэщысым, куэбжэр Iуихри, си шыпхъу нэхъыжьыр къыдыхьэжащ.
- Мыр сыт мы пщIэр? ЗыптIэщIыжу джэгун щIэбдзэ хъунутэкъэ? – шхыдэн щIидзащ абы.
- Т-с-с-с, - IэпэкIэ езгъэлъэгъуащ абы и макъым зримыгъэIэтыну.- Уэ къэхъуар пщIэркъым. Нанэ дадэ и фэеплъ бэлътокур игъэкIуэдауэ псоми къытхуошхыдэ сыхьэтым нэсауэ. Мы бэлътокум мыпхуэдэу жьыфэ къытезгъауэу хущIэсхьэну аращ. КIуэ, уэри щIыхьи тIэкIурэ къыдэлъыхъуэ. Сэ зыгуэрурэ и пIэ щIагъым мыр къыщызгъэхутэнщи, уэ жыIэ: «Мис, нанэ, къэзгъуэтыжащ».
Си шыпхъу нэхъыжьым: «Уэри уэ!» - нэхъыбэ жимыIэу унэмкIэ щIыхьащ. Сэ иджыри слъэкI къэзмыгъанэу бэлътокур асфальтым щысхъуащ, гъуанэ иIэ хъуху. ЗжьыщIыжщ, ету мащIэу тездзэжщ, аргуэру сыушкIумпIыжри илъэс щэщI ипэкIэ ди адэшхуэм IэщIэлъам «текIуэжауэ» нанэ и пэшым щIэсхьэжащ.
- Сыт, къэвгъуэтыжакъэ иджыри? - и щхьэр си дежкIэ къигъэзэну хунэмыс щIыкIэ, сIэщIэлъ бэлътокур шхыIэн щIагъым кIэщIэздзащ.
Си шыпхъуми а дакъикъэм: - Тхьэ мисым, нанэ, къэзгъуэтыжам. Мыра? - мафIэу къызэщIэнауэ жиIащ абы.
Нанэ си дежкIэ зыкъигъазэри, шэч щIэту бэлътокур зэпиплъыхьурэ:  - Уэ нэфым умыгъуэтыжар мис, - къызэхъурджэуащ.
Дыдыхьэшхым нанэ дыкъызэрищIэнур наIуэти, пэшым псынщIэ дыдэу зыкъыщIедгъэхащ. ПщIантIэм дыкъызэрыщIэкIыу, тIуми дызыгуэуду дыхьэшхын щIэддзащ. Зы тэлай дэкIри, сэ зыстIэщIыжын сымыухауэ, си шыпхъури Iэнэм тIысыну хунэмысу:
- Мыдэ фыкъакIуэт фэ напэншитIыр. Фэ къыфлъысрэ сэ сыкъэвгъэпцIэну? - уэхьэхьейуэ нанэ и пэшымкIэ гъуэрыгъуэу ди цIэр жиIэурэ къыщыщIэкIиикIым, тIури зэ пкIэгъуэм нанэ и пащхьэм дыкъихутащ.
- Си ныбжьыр илъэсищэм нэсами зэвгъащIэ, си акъылыр фыфейхэм пеуэнущ, ауэ а къызэфщIар фхузогъэгъу. Шэч лъэпкъ хэмылъу, сэ си пэлъэщI бэлътокур къэзмыгъуэтыжам си гур хэщIынут. Мис, фыкъеплъ къыщыщызгъуэтыжам, - тIэкIу къыпыгуфIыкIыжри, и шхыIэныр иIэтри дигъэлъэгъуащ пIэм зэрыхэлъ джанэ кIыхьыр. - Алыхьым ещIэ ар абы зэрыкIуэцIэджэрэзар! - жиIащ.
ЗэшыпхъуитIым нанэ зеддзри IэплIэрэ бакIэ щIэдгъэнащ, зыдгъэнщIыху дыбгъэдэлъащ. Ди анэр къыщыкIуэжам нанэ и лъэIукIэ зы псалъэкIи зыкъедгъэщIакъым.
А махуэм щыщIэдзауэ си гъащIэ псом IуэхугъуитIым зыпыIуздзащ. Япэрауэ, пцIы IэмалыншагъэкIэ бупсын хуей хъумэ, ар нэгъуэщIым зэран хуэхъу хъунукъым. ЕтIуанэу, щIэину, фэеплъу, мылъкуу къыпхуагъанэм и инагъыр епхакъым абы и лъапIагъым. Ар зэлъытар къызыбгъэдэкIамрэ къызыхуэнамрэ яку дэлъа пэжыгъэмрэ лъагъуныгъэмрэщ.
 

 

Бейтыгъуэн ХьэиIшэт.
Поделиться: