Адыгэ журналистикэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа

ТхакIуэ икIи зэдзэкIакIуэ Дым Iэдэм адыгэ журналистикэми и гуащIэ хилъхьащ. Абы тхэным зэрызыпищIар цIыхухэр зыпэмыплъат, ауэ езыр куэдрэ зэгупсыса, зыхущIэкъуа Iуэхут. Ари и щыхьэтщ Дымыр лъэпкъым и гъащIэм епхауэ, зэманым декIуу зэрыпсэуам. 
1917 гъэм Урысейм щекIуэкI революцэ зэщIэхъееныгъэр адыгэ лъэпкъми, Кавказым щыпсэу адрей бгырысхэми зэхуэдэу къажьэхэуат. А зэманырщ газет къыдигъэкIыну Дымым мурад щищIар. АбыкIэ ар адыгэхэм ядэIэпыкъуфынут дунейм щекIуэкIхэм щыгъуазэ защIынымкIэ, Iуэхур зыIутыр къагурыIуэнымкIэ.
Лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу зэтриублэн папщIэ, Iэдэм типографие къызэригъэпэщащ. Бахъсэн къыщызэIуаха тхылъ тедзапIэр «Дым зэкъуэшхэм я типографие» жиIэу тхыдэм къыхэнащ. Типографием мыхьэнэ ин дыдэ иIэт – абы адыгэхэм Iэмал яритырт цIыху цIэрыIуэхэм я тхыгъэхэм езыхэм я анэдэлъхубзэмкIэ еджэну. Ар лъэпкъыр щIэныгъэм хуэшэным и япэ лъэбакъуэт. 
Дымхэ я типографиерщ Къэбэрдейм тхылъ къыщыдэкIыным щIэдзапIэ хуэхъуар. Абы цIыху цIэрыIуэ куэдым я тхылъхэр къыщыдэкIащ. Абы яхэтщ езы Дымым и лэжьыгъэхэу тхылъ къыдэгъэкIын Iуэхум и фIыпIэ хъуахэри: «Щэнгъасэ», «ПсалъэфI», «Сабийхэм я тхыгъэ» жыхуиIэхэр. 
Iэдэм типографием и къызэгъэпэщакIуэ къудейтэкъым, атIэ Къэбэрдейм тхылъ тедзэн щызэтезыублари аращ. Япэ дыдэ адыгэбзэкIэ газет къыдэзыгъэкIари, адыгэ журналистикэм и лъабжьэр зыгъэтIылъари Дым Iэдэмщ. 
I9I7 гъэм и кIэхэм а тхылъ тедзапIэм дунейм къыщытехьащ Къэбэрдейм и япэ газетыр, адыгэ журналистикэм и тхыдэм пэублэ хуэхъуар. Газетыр щIынри къыдэгъэкIынри зи пщэ дэлъыр езы Iэдэмт. Абы къытехуэ тхыгъэхэм я нэхъыбэр зытхри, зэзыдзэкIри, ахэр хьэрф зырызурэ къэзыщыпыжри, зэзыгъэзэхуэжри Дымырт. 
«Адыгэ макъ» газетыр тхьэмахуэм тIэу къыдэкIырт. И инагъкIэ «Адыгэ макъыр» Урысейм къыщыдэкI «Правда» газетым хуэдэт. Ар и щыхьэтт Дымыр урысей газетхэм я къыдэкIыкIэм фIыуэ зэрыщыгъуазэм. Газетыр напэкIуэцIи 4 хъурт. Мазэм абы и уасэр соми 2-т. А бжыгъэм зыщихъуэж куэдрэ къэхъуащ, ауэ соми 2-м щхьэдэхакъым. 
Газетым и япэ номерхэм ящыщ зым цIыхухэм зэрызыхуагъазэ мыпхуэдэ псалъэхэр тетащ: «Гонорар е нэгъуэщI мылъку щхьэкIэ мыхъуу, газетым дыщыгуфIыкIыу теддзэнущ лъэпкъым, ди адэжь хэкум сэбэп хуэхъуну къэфлъытэу къытхуевгъэхь тхыгъэ псори». 
А псалъэхэр цIыхухэм я деж зэрынэсам и щыхьэтт абы куэд къыхуэкIуэу, къыхуэтхэу, зэрыщытар. Апхуэдэу Дымыр хущIэкъурт, Къэбэрдейм и мызакъуэу, Адыгейми Шэрджэсми къикI тхыгъэ псори къызэрытридзэным. Куэд дэмыкIыу «Адыгэ макъым» и корреспондент жыджэр хъуахэщ Гуанэ Зулъкъарней, ГъукIэжь Кърым-СулътIан, Гухьэж Исмэхьил, Къаздэхъу Къетыкъуэ, КIурашын Мухьэмэд, Молэ Токъан, Тхьэмокъуэ Хьэбас, ФIэщмыхъу Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэри. 
Лъэпкъ журналистикэм и къежьапIэ хъуа газетым щыщу къызэтенар номер 20-м нэблагъэ къудейщ. Ауэ ахэр я щыхьэт нэсщ Дым Iэдэм лъэпкъым и егъэджакIуэу, узэщIакIуэ Iущу зэрыщытам. 
Газетыр адыгэм и макъ лъэщу щытащ. Абы къиIэтащ Къэбэрдейм и Iуэху нэхъыщхьэхэр. Лъэпкъ интеллигенцэр «Адыгэ макъым» гуапэу IущIащ икIи жыджэру дэлэжьащ. Газетым и псалъэр Налшык округым икIри жыжьэ щыIуат икIи пщIэшхуэ иIэ хъуат. Абы и щапхъэщ Адыгейм къыщыдэкIа «Красная Кубань» газетым и япэ редактору щыта ЛIыцIэрыIуэ Хьэрун и тхыгъэр. Ар ехъуэхъурт «Адыгэ макъыр» къыдэзыгъэкIахэм. Апхуэдэуи Хьэрун къыхигъэщырт лъэпкъ щэнхабзэр къэIэтыжынымкIэ газетым мыхьэнэшхуэ зэриIэр. 
«Адыгэ макъым» и къызэгъэпэщакIуэ, щIэныгъэлI, лъэпкъ узэщIакIуэ, егъэджакIуэ Дым Iэдэм и гъащIэри гъэщIэгъуэну къекIуэкIащ. Абы къызэринэкIащ фIыри Iейри щызэдэгъуэгурыкIуэ гъащIэ дахэ икIи гугъу. 
Дым Iэдэм къыщалъхуащ Къэбэрдей псом щыцIэрыIуэ, щIэныгъэм пщIэ хуэзыщI Дым Гъэфар-хьэжы и унагъуэ къулейм. Iэдэм и адэр ящыщт лъэхъэнэм и цIыху еджагъэшхуэхэм. Абы бзэ зыбжанэ ищIэрт, и къалэмри шэрыуэт. Дым Гъэфар и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэ зыбжанэ, апхуэдэу прози итхырт. ИужькIэ ар жыджэру дэлэжьащ «Адыгэ макъми». Абы щыхьэт тохъуэ хъума хъуа экземплярхэм абы и цIэр щIэту тет тхыгъэхэр. Гъэфар езым бгъэдэлъыр хьэрып щIэныгъэми, и бынхэр урысыбзэм хуригъэджащ. Абыхэм псоми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтащ. И къуэ курыт Iэдэм аль-Азхъар университетым кIуэным тезыгъэгушхуари аращ. 
Дымым и гъащIэр щIэныгъэм щIэбэнущ зэригъэкIуар, ар большевикыуи, меньшевикыуи, революционеруи, контрреволюционеруи зэи щытакъым. Ауэ I928 гъэм екIуэкIа Бахъсэн зэщIэхъееныгъэм хэтауэ пцIы къытралъхьэщ, ягъэтIысри, Соловки лъэхъуэщым ирагъэшащ. 
Абы илъэсищкIэ исауэ, Дымым и хэкум къигъэзэжащ, ауэ I937 гъэм щыIа репрессиехэм аргуэру хэхуащ. Ар щIагъэтIысам щхьэусыгъуэ хуащIащ Дымым уней щхьэл игъэлажьэу, типографие иIэу, апхуэдэуи РКП(б)-м, Совет властым ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм я бийуэ щыт хуэдэу хужаIа псалъэхэр. 
1937 гъэм щэкIуэгъуэм и 26-м «тройкэм» унафэ ищIащ Дымыр яукIын хуейуэ, икIи, и Iуэхум хэмыплъэххэу, суди трамыщIыхьу, етIуанэ махуэм унафэр ягъэзэщIащ. 
А Iуэхум къыдэкIуэу, ягъэкIуэдауэ щытащ Iэдэм и тхылъхэм я мызакъуэу, Дым зэкъуэшхэм я типографием къыщыдагъэкIа литературэри, Iэрытххэри, и кIэм намыгъэса тхыгъэхэри, зэридзэкIа усэхэри. Абы къыкIэлъыкIуа илъэс 30-м къриубыдэу зыри тетхыхьакъым Iэдэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ. 60-70 гъэхэрщ Дымым и гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ къэлъыхъуэн, къэхутэн, хэплъэн щыщIадзар. 
Iэдэм и еджакIуэхэм, Iыхьлыхэм, и къуажэгъухэм къахуэна тхыгъэ цIыкIуфэкIухэмрэ «Адыгэ макъ» газетым и къыдэкIыгъуэ зыбжанэмрэ я фIыгъэкIэ тхыдэджхэм ялъэкIащ цIыхубэр щIэныгъэншагъэм къыхэшыным зи гъащIэр хуэзыгъэпса адыгэлIым и лэжьыгъэ гъуэгуанэр зэфIагъэувэжын.
Iэщнокъуэ Фозэ.
Поделиться: