ИлъэсыщIэ нэгузыужь зэхыхьэхэр

Дыгъэгъазэм и иужьрей махуэхэм ирагъэжьа ИлъэсыщIэ нэгузыужь зэхыхьэхэм иджыри пащэ. Ахэр къызэригъэпэщащ Налшык къалэ администрацэм.
Дыгъэгъазэм и 31-м ЗэгурыIуэныгъэм и утым щекIуэкIа ИлъэсыщIэ зэхыхьэ щIэщыгъуэхэр ини цIыкIуи гукъинэж ящыхъуащ. Уае Дадэмрэ Уае Гуащэмрэ къадэкIуэу, цIыкIухэм я нэгу зрагъэужьат аниматорхэм, таурыхъхэм къыхэщ лIыхъужьхэм.
ЩIышылэм и 1-м пыIэ плъыжь цIыкIухэр зыщхьэрыгъ Уае Дадэхэр ЗэгурыIуэныгъэм и утым щызэхуэсри, лъакъуэрыгъажэкIэ къыздэжащ.
ЩIышылэм и 2-м сыхьэт 12-м щыщIэдзауэ сыхьэт 17 пщIондэ Абхъазым и утым сабийхэм папщIэ щагъэлъэгъуащ «Пингвины в гостях у дракона» илъэсыщIэ таурыхъыр. «Парк столетия» павильоным сыхьэт 16-м щатащ ИлъэсыщIэм теухуа мастер-класс щхьэпэхэр. Пщыхьэщхьэм сыхьэт 19-м «Курортнэ» зыгъэпсэхупIэм ИлъэсыщIэм теухуа кино щагъэлъэгъуащ.
ЩIышылэм и 3-м Абхъазым и утым сыхьэт 12-м щыщIэдзауэ сыхьэт 17 пщIондэ сабийхэм папщIэ нэгузыужь теплъэгъуэхэр щат, насыпырыхь джэгухэр щIыгъуу. Гагарин Юрэ и цIэр зезыхьэ уэрамым деж щагъэува ИлъэсыщIэ псейм деж Сабий, ныбжьыщIэ творчествэмкIэ къалэ Центрым екIуалIэ цIыкIухэм сыхьэт 12-м зыкъыщагъэлъэгъуащ.
ЩIышылэм и 4-м «Искож» хьэблэм Кадыровым и цIэр зезыхьэ уэрамым щагъэува ИлъэсыщIэ псейм махуэшхуэ зэхыхьэхэр иращIэкIынущ. Абы хэтынущ сабий творчествэмкIэ «Эрудит» центрыр. Къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ папщIэ ИлъэсыщIэ мастер-классхэр сыхьэт 16-м щыщIэдзауэ ятынущ. А махуэм сыхьэт 19-м «Курортнэ» зыгъэпсэхупIэм деж ИлъэсыщIэ кино щагъэлъэгъуэнущ.
ЩIышылэм и 5-м Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым и гупэм къит «Зэныбжьэгъугъэ» зыгъэпсэхупIэм сыхьэт 15-м щыщIэдзауэ щрагъэкIуэкIынущ «ИлъэсыщIэ телъыджэ» махуэшхуэ зэхыхьэхэр. КъБР-м Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм и утым сыхьэт 17-м щыщIэдзауэ зыкъыщагъэлъэгъуэнущ ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №1-мрэ «Иоканто» уэрэджыIакIуэ студиемрэ.
ЩIышылэм и 6-м Абхъазым и утым зыкъыщагъэлъэгъуэнущ уэрам театрхэм. Сыхьэт 12-м щIадзэнущ «Белые сны: уличная клоунада, перфоманс на ходулях» ИлъэсыщIэ теплъэгъуэр. ЗэгурыIуэныгъэм и утым сыхьэт 15-м зыкъыщигъэлъэгъуэнущ «Elvishow»​ уэрэджыIакIуэ студием. «Парк столетия» павильоным балигъхэми сабийхэми яхуэгъэза ИлъэсыщIэ мастер-классхэр сыхьэт 16-м щатынущ.
ЩIышылэм и 7-м Абхъазым и утым сыхьэт 12-м щыпащэнущ уэрам театрхэм я теплъэгъуэхэм. Пщыхьэщхьэм фрагъэблагъэ «ИлъэсыщIэ псейм».
ЩIышылэм и 13-м Абхъазым и утым сыхьэт 12-м щыщIэдзауэ щагъэлъэгъуэнущ «Дела Пингвинов»,  «Колокольчики соединяют сердца», «Войлочные истории» ИлъэсыщIэ теплъэгъуэхэр.
ЩIышылэм и 14-м уэрам театрхэм и ужь дыдэу зыкъагъэлъэгъуэнущ. Сыхьэт 12-м щыщIэдзауэ 18 пщIондэ ИлъэсыщIэ таурыхъхэр къатынущ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: