Iулъхьэ

Новеллэ

Бжей жыгхэм я пщIащэр жьым зэрихьэрти, уэчылым, Хьэжы Намыкъ, и

тхылъымпIэхэр зэщIикъуэжащ, жьым ирихьэжьэнкIэ шынэри. Щхьэгъубжэр хуищIащ, бжэри къридзылIэжынути, бжэщхьэIум нэсауэ, лIы лъахъшэ цIыкIу пщIантIэм къызэрыдыхьэр илъэгъуащ. И плIэм хъуржын зэпедзэкI илъщ лIы лъахъшэ цIыкIум, шыди IумпIэкIэ иIыгъщ.

– Еблагъэ, Алий Хъуэжэ! – къицIыхужащ уэчылым лIы лъахъшэр. – Сытым укъытхуихьа? Бэзэрым махуитI иIэжщ иджыри, щхьэ укъежьа?

И нэр щIиукъуанцIэри, лIы лъахъшэ цIыкIум тхьэмыщкIафэ зытригъэуащ.

– Си Iуэху щIагъуэкъым, зиусхьэн. Бэлыхь сыхэхуащ. Аращ сыкъезыхужьар… – жери зриIуэнтIыхьащ лIы лъахъшэ цIыкIум.

– Сыт пщIэн-тIэ, къыщIыхьэ… Нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу къызжеIэт.

– БжесIэнкъэ… Аращ сыкъыщIэкIуар.

– Къэхъуар сыт?

– Уэр фIэкIа сызэчэнджэщын сиIэкъым. ЧэнджэщакIуэ сыкъэкIуащ.

Алий Хъуэжэ шыдыр ирипхри уэчылым кIэлъыщIыхьащ. Уэчылым чысэ къыхуишияти, тутын ишыхьащ, и хъужынри иригъэувэхащ, тутыным екъуурэ, и Iуэху зытетыр Хьэжы Намыкъ хуиIуэтащ. Къуажэ мухъутарым, Сойсузоглу, едауэрт Алий Хъуэжэ. Мухъутарым и щIы кIапэм унэ трищIыхьыгъащ Алий Хъуэжэ. Иджыри къэс къеныкъуэкъуакъым мухъутарыр. Иджы къодауэ, унэ трихын мурад ищIащи. «ЩIыр зейм унэри ейщ», – къыжреIэ. Ар Алий Хъуэжэ идэркъым: «Унэр зейращ щIыри зейр!» – жери пэуващ.

Хьэжы Намыкъ, и жьакIэм хэпэщэщыхьри, заулрэ гупсысащ. Иужьым жиIащ:

– Узахуэкъым, Алий Хъуэжэ!

– Сэра мызахуэр?

– Уэращ. Узахуэкъым.

– Сызахуэщ. Унэр щысщIым зыри щхьэ жимыIарэ мухъутарым?

– АбыкIэ хуитщ – къыбжиIэнIами къыбжимыIэнIами.

– СызахуэкIэ тхьэ щысIуэжынщ! СыпикIуэтынукъым! Сызэрызахуэр и фIэщ сщIынщ! Седэуэнущ!

– Уедауэмэ, ухилъэфэнщ.

– Сыхрелъафэ! ИтIани седэуэнущ!

Алий Хъуэжэ зэрыхилъэфэнум шэч къытрихьэртэкъыми, Iуэхум хэIэбэнутэкъым Хьэжы Намыкъ. ИтIани сыт ищIэн: игъэщIэхъу хъунукъым, Бозоюкъ къуажэм дэсхэм яхуэуэчылщ илъэс тIощIрэ пщIырэ хъуауэ. КъэзымыцIыху дэскъым Бозоюкъ, Iуэху къалъыкъуэкIамэ, зэжалIэр Хьэжы Намыкъщ, я уэчылщи. ПщIэншэу ягъэуэчыл ффIэщIрэ – ишхын щагъащIэркъым, гу къылъатэ зэпытщ, гъавэр хъуамэ.

И щхьэм ечэнджэщыжри, Хьэжы Намыкъ жиIащ:

– Хъунщ, уи Iуэхур си пщэ дэслъхьэжынщ, ауэ ухилъафэмэ, уигу къызумыгъабгъэ: мыр Iуэху цIыкIуфэкIукъым.

– Уэзгъэбгъэнкъым. Ауэ сыт сыхилъэфэнкIэ ущIэшынэр?

– Узахуэкъыми, аращ сыщIэшынэр.

– ХеящIэм зы щынэ пшэр хукъуэзгъэплъмэ-щэ?

– Дауэ пIа?!

– Си кIэн къикIынкIэ хъункъэ итIанэ?

– Уи кIэн къикIын сщIэркъым, ущыхилъэфэпэнур абы щыгъуэщ!

– Сыт щхьэкIэ?

– Нобэ ди хеящIэр япэрейм хуэдэжкъым, ухэзэгъэнкIэ Iэмал зимыIэщ!

Iулъхьэ хукъуэбгъэплъакъэ – узахуэми, ухригъэлъэфэнущ. Бий къыпхуэхъунущ, уигъэтIысыпэнри хэлъщ! ПцIыхуркъым уэ ар! Нэхъ цIыху къабзэ срихьэлIауэ сщIэжыркъым. Iулъхьэ хэзэгъэнукъым, кIэщIу бжесIэнщи. «Щынэ пшэр хукъуэзгъэплъмэ!» жыбоIэ…

Алий Хъуэжэ и щхьэр ищIащ:

– Апхуэдэ цIыху къабзэм тхьэм дыщимыгъащIэ!

– Тхьэм жиIэ!

Зы сыхьэт хуэдэкIэ зэбгъэдэсащ уэчылымрэ Алий Хъуэжэрэ.

Алий Хъуэжэ зэрыхилъэфэнум шэч лъэпкъ къытримыхьэми, Iуэхур и пщэ дилъхьащ уэчылым: Бозоюкъ жылэм яфIэлIыкIащ, езы Алий Хъуэжэи пщIэ хуищIырти, хуэгъэщIэхъуакъым.

– Хъунщ, сыхыхьэнщ уи Iуэхум, – къыжриIащ, – ауэ укъысщымыгугъыщэ: узэрыхилъэфэнур сызэрылIэжынум хуэдэу сощIэ, уи жагъуэ умыщIыж иужькIэ, уи Iуэхум зыри къимыкIмэ.

Ар зэраухылIэри, Алий Хъуэжэ ежьэжащ. ТхьэмахуитI дигъэкIри къытригъэзэжащ. Уэчылыр матхэри стIолым бгъэдэсщ. Алий Хъуэжэ къыщыщIыхьэм, Хьэжы Намыкъ и щхьэр къиIэтащ, и нэгъуджэри дригъэкIуэтеящ.

– Къеблагъэ, къеблагъэ, Алий Хъуэжэ! Ди кIэныр къикIащ, пщIэркъэ? Си фIэщ хъуртэкъым ди кIэныр къикIынкIэ!

– КъыщIикIар пщIэркъэ? – еплъащ Алий Хъуэжэ уэчылым.

– Сыт къыщIикIар? – и нэр къригъэжащ уэчылым.

– ХеящIэм хуезгъэша щынэ пшэрыращ ди кIэныр къыщIикIар, – къыфIэмыIуэху - къыфIэмыIуэхуу жэуап итыжащ Алий Хъуэжэ.

– Дауэ пIа? Щынэ хуебгъэша хеящIэм?

– Хуезгъэшащ.

– Епкуащ сытми?

– Ескуащ. Уэракъэ къызжезыIар: «ХеящIэм Iулъхьэ хэзэгъэнукъым, Iулъхьэ къыхукъуэзыгъэплъыр, захуэми, хригъэлъэфэнущ»? Ы?

– Сэращ…

– Щынэ хуезгъэшащ, ауэ хуезыгъэшар сэрауэ зыкъезгъэщIакъым.

– НтIэ?..

– Мухъутарым хуригъэшауэ жрезгъэIащ хеящIэм. Уэчыл лIыжьым къалэмыр IэщIэхуащ, и жьэр иущIа фIэкIа, зы псалъэ хузэпыщэжакъым.

Жьы мащIэ къыкъуэури, жыгей пщIащэм и макъыр щхьэгъубжэм къыдэлъэтащ...

Хьэтыкъуэ Умар.

Поделиться:

Читать также: