Аргъуей

Iуэтэж

(Япэ Iыхьэ)

Ей, си ныбжьэгъужь, си ныбжьэгъужь Ефруз, а махуэ плIыщIым сэ сызэрытыншар пщIами! Сытхъащ, цIыху тхъэмэ! Ныбжьэгъуи жагъуэгъуи срихьэлIакъым. Iэуэлъауи зэхэсхакъым. Сызэгуэзыгъэпыни сызыгъэбэмпIэни срихьэлIакъым - сытыншащ махуэ плIыщIым! Тхьэр къызэрыпхуэупсэнщ. Жэнэтым сиса хуэдэщ - сэр дыдэм си фIэщ хъужыркъым. Сыгъуэлъыжамэ, пщIыхьэпIэ Iей си нэгу щIэкIакъым. Си щхьэгъубжэм пэмыжыжьэ хъуэш жыгышхуэм и лъабжьэм зы адакъэ лъэджажэ щыулъэпхъащэрти, арат сыкъэзыгъэушыр. Улъэпхъащэми, уфIэкIынт: Iуэуэ къыщIидзэмэ, дунейр къутэж фIэкIа пщIэнукъым. Псы Iуфэм сокIуэ махуэ къэс. Уэзгъэлъэгъуащэрэт а псыр! Жэнэтым къиж фIэкI пщIэнукъым. Жэнэтри спэжыжьэ си гугъэкъым: мыбдежыракъэ жызоIэ, сызэIэбэкIмэ, сынэсын къысфIощI - си гъунэгъубзэщ, щхьэ симытIысхьэрэ жызоIэ! ИтIани, согупсысыж: сызэрысым сыт и лажьэ - жэнэткъэ сыздэщыIэр!

Махуэр зи кIыхьагъым аращ: псым и даущыр си тхьэкIумэм икIыркъым, жыг баринэхэм псы Iуфэм зыщагъафIэ, мэл хъушэхэм джабэ нэкIур яуфэбгъуащ. Зыщ сигу къеуэр: а псом пэIэщIэ сыхъужынурэ, къалэм нэзгъэзэжынущ, гува-щIэхами…

Дыгъуаси сыкIуащ псым. Сынэса къудейуэ, зыгуэр къызоджэ:

- Ей, Ахьмэд-ага и хьэщIэ!

СыкъызэплъэкIащ. Жандармыр къызбгъэдыхьауэ къысщогуфIыкI, зыгуэр къысхуишийуэрэ:

- Письмо къыпхуэкIуащ…

- Сэри? Ущыуа хъунщ.

Сыкъэтэджащ. СыздэщыIэр зыщIэ Истамбыл дэстэкъым. Си щхьэгъусэми ищIэртэкъым мыбы сызэрыщыIэр. ЗгъэщIэгъуащ - хэт сыкъэзыщIар? Письмор жандармым къыIэщIэсхри адресым сеплъащ. Сэрат письмор зыхуатхыр. Конвертыр зэтесчащ. Уи Iэ щIэмылъамэ, письмом седжэххэнутэкъым, зэфIэстхъынурэ хыфIэсхуэнут. ЩIызэфIэстхъынур пщIэркъэ: мыбы сыщыIэху, зы псалъи семыджэну, зы псалъи сымытхыну тхьэ сIуат. Ауэ уэ къыщыптхакIэ, дауэ семыджэнрэт письмом!

Жандармым IуигъэзыкIыжащ, сэ сетIысэхыжри письмом седжэу щIэздзащ. Сыбгъэуна уи гугъэрэ, письмо къысхуэптхамэ? Дэни къыщыпщIа мыбы сызэрыщыIэр?

ИгъащIэкIэ къыумытхащэрэт апхуэдэ письмо! Арыншэми сызэгуэзыгъэпын згъуэтыркъэ сэ? Аракъэ Истамбыл сыкъыщIыдэкIар - си гум жьы дихунщ жысIэри. Си гум жьы дихуауэ, си псэр тыншыжауэ къысщыхъуат мыбы сызэрыщыIэ лъандэрэ. Письмо къысхуэптхри бэмпIэгъуэм сыхэбдзэжащ. ИгъащIэм зызгъэпсэхуакъым, мы зэращ ар си насып къызэрихьар: щхьэ къыбгурымыIуарэ? СызэхэпщIыкIын хуеящ, уи щхьэм сеплъытын хуеящ. ПсыхэкIуадэ хъуакъэ жызоIэ зэрызызгъэпсэхуари си гум жьы зэрыдезгъэхуари: уи письморащ псори зи лажьэр! Сэ укъысхуэмытхьэусыхэмэ, пшхыр уи дзажэ дыхьэркъым уэ. Нэзгъэзэжыху укъыспэплъамэ, уэсщIар сытыт? Хъунщ, уэ гущIэгъу ущимыIэкIэ, сэри сыпхурикъунщ. Уэзгъэлъагъунщ жыхуэсIэщ зэрызэгуагъэп!

КъызэрызгурыIуамкIэ, уи Iуэхур зэхэзэрыхьащ иджыпсту. Ар уи щхьэ Iуэхущ, уэр-уэрурэ къыхэкIыж узыхэхуа бэлыхьым. Хьэм и губжьыр кхъуэм трелъхьэ жыхуаIэр пщIэрэ? Абы урещхьщ уэ! Сыт а щIэныгъэлI цIэрыIуэм ущIыхуэдзэлашхэр? А зи гугъу пщIы щIэныгъэлIри хэт? Хэт пцIы зытеплъхьэр? Укъысхуотхьэусыхэ: «Си IэпхъуамбэжьакIэ и мыуасэхэр къулыкъукIэ докIуэтей», - жыбоIэри. Я щIэныгъэми я культурэми еплъыркъым жыбоIэ. ЩIыдэкIуэтейр пщIэркъэ? ПщIэ яIэщи, аращ щIыдэкIуэтейр! Уэ уиIэкъым пщIэ! ПщIэ уиIэкъыми, уи щIэныгъэми уи культурэми уасэ лъэпкъ яIэкъым.

Шэч къытесхьэркъым: уи щхьэр уогъэкIэрахъуэри ущысщ иджыпсту: «Сэра пщIэ зимыIэр!» Уи жагъуэ умыщI, си псэм хуэдэ, сэ сыбзыщIынукъым: уиIэкъым пщIэ!»

«Ар дэнэ щыпщIэрэ?» - жыпIэнкIэ мэхъу. УмыпIащIэ, уи нэм щIэсIунщ иджыпсту, уи фIэщ сщIынщ. ПщIэжрэ, дыщеджэм щыгъуэ ди егъэджакIуэм къыджиIэрейти: «КъыбгурымыIуэр щIэныгъэкъым!» Псалъэм папщIэ, зыгуэрым зыгуэр къыбжеIэ. КъыбжиIэр езым ищIэрэ имыщIэрэ зэхэбгъэкIыну ухуеймэ, къыптритхъуэ псалъэ дыгъэлхэм ящыщ зым тегъэпсэлъыхьыт: «КъызгурыгъаIуэ, - жеIэ, - а псалъэм къикIыр, итIанэ си фIэщ хъунщ». КъыбгуригъэIуэфмэ, зи гугъу ищIым хещIыкI езыми. КъыбгуримыгъэIуэфрэ - щхьэр къыпхуегъэуз, уемыдаIуэ апхуэдэм. Уэри куэдрэ узгъэунэхуащ апхуэдэ IэмалкIэ. Зы махуи уи бзэгупэ текIакъым, уи псэлъафэ дыдэщ «цивилизацэ», «тхыдэ», «лъэпкъ», «синтез», «анализ», къинэмыщI псалъэ дыгъэлхэр. Ауэ а псалъэхэм ящыщ зы нэхъ мыхъуми къызгурыбгъэIуэфынкIэ хъуну? СощIэж зэгуэрым укъызэрызэщар: «УсэкIэ зэджэр цIыхум къыгурыбгъэIуэфынукъым», - жыпIэри. ПщIэжыркъэ уэри? «ПщIэ» псалъэр апхуэдизу псалъэ гугъукъым, къыбгурымыIуэни хэлъкъым. Дыщэм ещхьщ пщIэ жыхуаIэр: дыщэ уиIэмэ, ар зищIысыр хэти къыгурыбгъэIуэфынущ. Уэри пщIэнущ ар зищIысыр, уиIэмэ, ухуэмыхеймэ. Банкир гуэрым еупщIыт: «Сыт лирэкIэ зэджэр?», - жыIи. «Дыщэ кIанэ хъурей цIыкIущ!» - аращ банкирым къыбжиIэнур, лей къыпхуригъэкIуэкIынукъым, жыжьи укъыщришэкIынукъым. Дыщэр нэрылъагъущ, IупщI дыдэщ. ПщIэкIэ зэджэр нэрылъагъукъэ, IупщIкъэ? Нэрылъагъущ! IупщIщ! Ар къызыгурымыIуэр е делэщ, е ахьмакъщ!

Уи щхьэр зэрыбгъэсысыр слъагъу хуэдэщ, си псэм хуэдэ Ефруз. Укъыте-

хьащ. «Сэ пщIэ сиIэкъэ?» - жыбоIэ. УиIэр пэжщ, ар зищIысыр къызжепIэмэ?

КъызжепIэфын? Щхьэ ушынэрэ? Уи жьэр зэщIэнаи! ПщIэр зищIысыр къызгурыбгъэIуэфынукъым уэ. КъыщIызгурумыгъэIуэфынури?

Абы ухуэхейщи, аращ.

ХЬЭТЫКЪУЭ Умар.
Поделиться:

Читать также: