Аргъуей

Iуэтэж

(ЕтIуанэ Iыхьэ)

ПщIэ уиIэкъыми, аращ. ПщIэ уиIамэ, а псалъэм къикIри

пщIэнт. «Уэ къызгурыгъаIуэ!» – жыпIа? Апхуэдэ хущIыхьэгъуэ сиIэкъым сэ иджыпсту, си ни къыхуикIыркъым абы – узгъэIущыжыным: балигъ узэрыхъурэ Iэджэ щIащ, зэ Iущ ухъупхъэщ. Акъылрэ щIэныгъэкIэ сыбдэгуэшэн уи мыгугъэ: пщIэ лъэпкъ узэримыIэр зэхозгъэщIыкIамэ, нэгъуэщI сыхуейкъым. НэгъуэщIкIэ укъысщымыгугъ – зыри пхуэсщIэнукъым…

Хэт пщIэ зимыIэр? ПщIэ зимыIэр гуащIэмащIэрщ, щхьэхуещэрщ, фэрыщIырщ, напэншэрщ. КIэщIу жыпIэмэ, кIуэцIрыхуаращ! Абы егупсыс, си псэм хуэдэ Ефруз, зыщумыгъэгъупщэ ар зэи – и зэран къокIынукъым…

Къару зиIэрауэ къыпфIэщIынкIэ мэхъу уэ пщIэ зыхуащIыр, цIыхур зыфIэлIыкIыр.  Абдежи ущоуэ! Къарумрэ пщIэмрэ зэпэхъункъым. Къарур пкъыуэ къызыфIэбгъэщIмэ, пщIэр – псэщ. КъыбгурыIуа, си псэм хуэдэ Ефруз? ГуащIэмащIэми пщIэ иIэнкIэ хъунущ, ауэ гуащIэмащIэ псом пщIэ яIэкъым, пщIэ щIаIэри зэрыгуащIэмащIэракъым.

Къару зиIэри аращ: къару зиIэ псоми яIэ пщIэ? ЯIэкъым! Ауэ пщIэ зиIэ псоми къарууфIэкIэ уеджэнкъым… Уи щхьэр згъэунэза? Ухэзэрыхьыжыпа хъунщ: аращ уэ уи акъылым къитIэсэнур – ари уи щхьэм ирумыгъажэ, губгъэни къысхуумыщI. Уэращ псори зи лажьэр: зызгъэпсэхунщ жысIэри зызгъэпщкIуати, сыкъэбгъуэтри письмо къысхуэптхащ, къысхуэптхам сызэгуигъэудащи, сызытеувэ щIыри слъагъужыркъым – ар къызэпщIащ уэ. Сэри сыпхурикъужакъэ! Пхуэфащэщ, си псэм хуэдэ Ефруз! Пхуэфэщэпсщ!

Мо къыпхуезгъэкIуэкIа къомыр нэхъ IупщI къыпщыхъун щхьэкIэ, зы шыпсэ уезгъэдэIуэнщ. Си фэтэрым хуэзанщIэу, уэрамыщхьэм, пщыхьэщхьэ къэс, лIыжь гуп щызэхуос – зы пщыхьэщхьи дагъэкIыркъым. Сэри зы пщыхьэщхьэ дэзгъэкIыркъым сахэмыхьэу! ЩIэныгъэ ухуеймэ, а лIыжьхэм ящыбгъуэтынущ щIэныгъэ! Уэрат абыхэм ябгъэдэсын хуейр, бетэмал: Iущыгъэ Iэджи зэхэпхынт, щIэныгъэ гуэри къыпхалъхьэнт…

Жьымрэ аргъуеймрэ я шыпсэр зэхэсхащ дыгъуэпшыхь. Акъыл къыхэпхынщ жызори шыпсэ цIыкIум узогъэдаIуэ.

… Жьыр гъуэгу техьащ, кIуэм-лъэурэ губгъуэри, мэкъупIэри, хъупIэри

зэщIигъэхьащ, жыг хадэхэми илъэдащ, мэз лъапэхэми зыщигъэкIэрэхъуащ. Жьыр  къыщилъагъум, аргъуейм зихъунщIащ:

– Вз-з-з-з! Вз-з-з-з!

Жьым гу лъитэххакъым аргъуейм, блэжри губгъуэм ихьэжащ. Аргъуейм

щIичэркъым:

– Вз-з-з-з! Вз-з-з-з!

Жьым кIэлъыбгащ, кIэлъыгуоуащ аргъуейр. Жьым къигъэкIэрэхъуэжащ:

– Уэра къыскIэлъыгуоуар?

– Сэращ!

– КъыскIэлъыбгари уэра?

– Сэращ!

– Укъысщодыхьэшх, ауан сыкъыбощI?

– Сыпщодыхьэшх! Ауани узощI!

Ирихьэжьэнти, аргъуейр хьэрэкъуакIэ дидзэжынт жьым, игу щIэмыгъуамэ. Аргъуейм и пэм кърихур зригъэщIэн мурад иIэ хъунти, жьыр еупщIащ:

– Уи акъылыр пщхьэщыкIа хъунщ уэ?

– СщхьэщыкIакъым! Сыт ар щIыжыпIэр?

– ЩIыжысIэр пщIэркъэ: сынопщэмэ, щыщ къыпхэнэжынукъым!

– Сэри?

– Уэ!

– УщымыкI! Сынодзэкъэнщи, уи нэвагъуэр уэзгъэлъагъужынщ!

– Си нэвагъуэр сыбгъэлъагъужынущ?

– Уэзгъэлъагъужынущ!

– Уэ цIыкIужьейми?

– Сэ цIыкIужьейм! Си шэрэзыр плъагъуркъэ? Уэ апхуэдэ уиIэххэкъым!

– Сэ сыжьщ. Iэщэ зесхьэркъым. Сыгубжьмэ, жьапщи, жьыбгъи, уаи, борэни зысщIыфынущ. ЗысщIмэ, къыспэувыф дунейм теткъым. Хыр согъэжэщIыф сэ, бгыр сокъутэф, щIыр согъэзджыздж, жыг абрагъуэхэр къызоч, псыхэм я жапIэр сохъуэжыф, унащхьэхэр тызоч!

– Вз-з-з-з! Вз-з-з-з! Сэ укъыспэлъэщынукъым! Сэри сыкъэгубжьмэ, Iэджэ схузэфIэкIынущ. Уэр дыдэм уи пэр щIым щысхуэнущ!

КIий-гуоуэ щIидзащ аргъуейм, жьым тримытхъуа бзаджэ къигъэнэжакъым, егиящ, ебгащ. «ЗозгъэцIыхужынкъэ уэ цIыкIужьейм!» – жери жьыр аргъуейм епщащ. Аргъуейр жьым ирихьэжьэри, кърихьэкIыурэ унэ гуэр щрихьэлIэм, пкIэунэм ипщхьэри зы гъуанэ зыдигъэзэгъащ.

– Вз-з-з-з! Вз-з-з-з!

Жьым нэхъ хуабжь зищIащ. ТIэкIу дэкIри нэхъри щIигъэхуэбжьащ.

– Вз-з-з-з! Вз-з-з-з!

Гъуанэм зригъэзэгъауэ исщ аргъуейр – жьыр пэлъэщыркъым. Щыпэмылъэщым, жьапщэ зыкъищIащ, итIанэ – жьыбгъэ, итIанэ – борэн: унащхьэр тричыным нэсащ. Аргъуейр къэгузэващ абдежым. Къэшынащ: «Унащхьэр треч!» – жери. Къэшына щхьэкIэ, зиумысыжакъым аргъуейм, жьым щIэкIиящ:

– Ей, щэныншэ! ПщIэр сыт? УскIэрыкI хъунукъэ? Хьэмэрэ мы тхьэмыщкIэм яунащхьэр тепчыну ара?

… Мы шыпсэм акъыл хэлъщ, си псэм хуэдэ Ефруз, унэгупсысыфмэ. ПщIэкIэ зэджэр зэбгъащIэмэ, итIанэ езыми урихьэлIэнкIэ мэхъу. УмыщIэмэ, бгъуэтынукъым…

Сэ къысхуэпщIэнуращи, мы жылэ цIыкIум сыдэсыху, скIэрыкI, сытумыгъэхьэулеикI. Абы нэхъыфI къысхуэпщIэнукъым игъащIэкIэ.

Хьэтыкъуэ Умар.

Поделиться:

Читать также: