ЦIыхугъэр япэ ирагъэщу

Налшык къалэм дэт, Хэку зауэшхуэм и щIэинхэм я музейм иджыблагъэ зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуат Хэкум и ЛIыхъужьым и махуэм.
Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ зэгухьэныгъэмрэ ЕгъэджэныгъэмкIэ къалэ IуэхущIапIэмрэ къыхалъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ къызэIуаха музейм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэр теухуащ щалъхуа лъахэм хуэпэж, тхыдэ фэеплъхэм хуэщыпкъэ, псэкупсэ гупсысэкIэ зиIэ щIалэгъуалэ къэгъэтэджыным.
115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм хэт музейм и къалэнхэм хохьэ Хэку зауэшхуэм и тхыдэм епха Iуэхугъуэхэр щIэблэм яIэщIэмыхун папщIэ, узэщIакIуэ-щIэныгъэ Iуэхугъуэхэр зэхэшэныр, зекIуэхэр къызэгъэпэщыныр, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ гъунэгъу щIыналъэхэм зыплъыхьакIуэ шэныр. Музейм иригъэкIуэкI щIэнIуатэхэм япэ дыдэу ирихьэлIари Налшык къалэм дэт 19-нэ курыт еджапIэм и гъэсэнхэрщ.
«Дэтхэнэ адэ-анэри хуейщ и быным цIыху нэс къыхэкIыныр. ЕджапIэм и пщэ къыдохуэ ахэр зыщыгугъ Iуэхугъуэхэр нэсу зэфIигъэкIыныр. Сабийм щIэныгъэ иIэныр иухуэну псэуныгъэм епхами, цIыхугъэ хэмылъу, гулъытэ имыIэу, къыфIэIуэху щымыIэу къэтэджмэ, еджапIэм ирита есэныгъэхэр къанэ щымыIэу пщIэншэу къыщIедзыж. ЕджапIэри, адэ-анэхэри, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри зэуIуу щызэдэлэжьэн хуей лъэхъэнэщ дызыхэпсэукIыр. Абы и IуэхукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къытщIэхъуэ щIэблэм я зэхэщIыкIыр къэIэтыным, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ нэхъыщхьэ зэрыщымыIэр къагурыгъэIуэным. Сабийм зыхищIэри къищтэри илъагъуращ. Пэжщ, жыIэпхъэхэр мымащIэу щыIэщ. Ауэ псалъэр щIэзыгъэбыдэж щапхъэхэр хэмыту гъэсэныгъэр нэсу пхузэтеублэнукъым. Дэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ упсалъэмэ, блэкIа зауэм кърикIуахэр иджырей щIэблэм я зэхэщIыкIыр лъагэу къэзыIэт дерсу къыдолъытэ. ЦIыхугъэрэ псэкупсэ зэхэщIэрэ зиIэ щIэблэ къэгъэтэджыныр къалэн зыщытщIыжащи, Хэку зауэшхуэм и дерсхэм иригъуэзэныр Iэмал зимыIэ Iуэхуу къыдолъытэ. Ди лэжьыгъэр зэрыдунэтIри аращ – блэкIам и напэкIуэцI хьэлъэ дыдэхэм къытрамыгъэзэжын щхьэкIэ, хэгъэгупсэрэ гупсысакIуэу гъэсэнырщ. Къалэн зыщытщIыжа Iуэхугъуэхэр зэкIэ къыдэхъулIэу къысщохъу», - жиIащ музейм и унафэщI Заруцкий Олег.
Музейм и бжэр тхьэмахуэм зэ, бэрэжьей махуэм, зэIухауэ щытынущ. «Илъэсым и кIэ пщIондэ цIыху 210 - 350-рэ хуэдиз къызэщIэзыубыдэу гупибл къытхуеблэгъэн хуейуэ щытщ. Япэу къытхуеблэгъащ Налшык къалэм дэт, Абхъазым и ЛIыхъужь Науржан Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ гимназие №1-м и еджакIуэхэр. 2023 - 2024 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу ди мурадщ цIыху мини 2-м нэблагъэм дадэлэжьэну. Ахэр еджапIэ 36-м къикIынущ. Ди гугъэщ ди лэжьыгъэр сабийхэм гунэс ящыхъун папщIэ, къахэтлъхьэ псалъэмакъхэр щапхъэхэмрэ нэрылъагъу хьэпшыпхэмкIэ щIэдгъэбыдэжыну, нэгузыужь икIи гукъинэж хъу джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыплъыхьакIуэр дгъэнщIыну», - жеIэ Заруцкэм.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ зэгухьэныгъэм псэкупсэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI. Къызэрыунэхурэ Iуэхугъуэ 93-м нэс къызэригъэпэщащ, ныбжьыщIэ 14240-м ялъэIэсащ. «ДяпэкIи мурадышхуэхэр диIэщ, дгъэлъэгъуэни, жытIэни, дызытепсэлъыхьыни ди мащIэкъым. Дэ тхыдэшхуэ диIэщ, ар щIэблэм едмыгъащIэмэ, къыхэтлъхьэ жэрдэмхэм пщIэ яIэкъым», - жаIэ музей лэжьакIуэхэм.
 

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: