Къэрал дамыгъэр зыхуагъэфэщахэм йохъуэхъуУрысей Федерацэм лъэпкъ гвардиемкIэ и дзэу Кавказ Ищхъэрэ округым щыIэм и унафэщI, генерал-полковник Захаров Сергей Урысей гвардием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм къэрал дамыгъэхэр щаритыжащ ведомствэм и лэжьакIуэхэу зыпэрыт къулыкъум ехъулIэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьахэм. Апхуэдэу гупым яхуэупсащ зэрылэжьэн автомобилыщIэу 15-кIэ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Управленэм и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр къызэрыхуагъэфэщамкIэ. «Дэ дрогушхуэ дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэнхэр лIыгъэ яхэлъу, Iэзагъышхуэ къагъэлъагъуэу щызыгъэзащIэ ди хэкуэгъу щIалэхэм - Урысей гвардием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и лэжьакIуэхэм. IэнатIэм и лэжьакIуэхэм нобэрей махуэмкIэ сынывохъуэхъу. Узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ, фIыгъуэ фиIэну», - щитхащ КъБР-м и Iэтащхьэм и социальнэ напэкIуэцIым.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|