Зэадэзэкъуэмрэ шыдымрэ

Зэгуэрым адэмрэ и къуэмрэ я шыдыр я гъусэу уэрамым дыхьат. Адэр шыдым тест, къуэм вожэр иIыгът.

- Сабий тхьэмыщкIэ! - жиIащ гъуэгурыкIуэ гуэрым, - и лъакъуэ псыгъуэ цIыкIухэр шыдым лъэщIыхьэ къудейщ. Дауэ шыдым IитIэлъитIу утесыф, сабийм бэлыхьыр тебгъэлъу?

Адэм и гум щIыхьащ гъуэгурыкIуэм и псалъэхэр. Езыр шыдым къепсыхри, щIалэ цIыкIур тригъэтIысхьащ. Куэд ямыкIуу, аргуэру къахуэзащ лIы гуэр. Аргуэрыр губжь щIэлъу къогуо:

- ЕмыкIущ мы слъагъур! Сабийр пащтыхьым ещхьу шыдым тесщ. Нэхъыжьыр лъэсу кIэлъокIуэ. ЩIалэ цIыкIур ириукIытащ лIым жиIам, адэр къыпытIысхьэнуи елъэIуащ.

- Мыр сыт гущIэгъуншагъэ! - мэхъущIэ ахэр къэзылъэгъуа фыз гуэрыр. - Зи бзэ мыпсалъэ псэущхьэм и фэр апхуэдизу щхьэ ифхрэ?

Зы псалъи жамыIэу зэадэзэкъуэр шыдым къепсыхри, абы бгъурыту ежьэжащ. Я гъуэгум хагъэщIаIатэкъым, зэкIуэцIылъэлъу къащыдыхьэшхыу къахуэкIуэ лIыр щалъэгъуам:

- Е зиунагъуэрэ, мы шыдыр фыщIиIэм и мыхьэнэр сыт, сэбэп мыхъунумэ.  ТIум яз фытетIысхьэ хъунукъэ, фымыгъэхьэулейуэ?

Шыдыр зей лIым и Iэр щIалэ цIыкIум и дамащхьэм хьэлъэу трилъхьэри жиIащ:

- Дауэ дщIыми, дагъуэ къытхуэзыгъуэтын дрихьэлIэнущ. Дэ езым ди Iуэху къызэрикIынум хуэдэу тщIымэ нэхъыфIщ, псоми задедгъэкIуну и ужь дихьэ нэхърэ?

 

Пхъэ фалъэ

Жьы дыдэ хъуа лIыжьым и нэхэм щIагъуэу ямылъагъуж, и тхьэкIумэр хуэдэгу хъуат, и Iэпэлъапэхэр сысырт. Бжэмышхыр зэрыIэщIэмызагъэм къыхэкIыу, хьэнтхъупс щефэкIэ ирикIутырти, стIолтепхъуэм трикIэрт, иныкъуэхэм дежи и жьэм ихьа ерыскъыр къыжьэдэхужырт. ЛIыжьым и къуэмрэ и нысэмрэ къыщымэхъашэрти, дурэшым шэнт худагъэувэрти, хьэпщыкъу тIорысэкIэ ягъашхэрт. ЛIыжьыр нэщхъейуэ IэнэмкIэ къаплъэрти, и нэпсхэм къызэпажыхьырт. Махуэ гуэрым абы тепщэчыр къыIэпщIэхури къутати, пхъэ шынакъ къыхуахьащ, дяпэкIэ абы ирагъэшхыкIыну.

Зэгуэрым зэлIзэфызыр Iэнэм пэрысу, илъэсиплI зи ныбжь я щIалэ цIыкIур унэм къыщIыхьэжащ. Абы пхъэ тыкъыр IэщIэлът.

- Сыт мы пхъэ тыкъыр пIыгъым епщIэнур? - щIэупщIащ адэр.

- Мыбы фалъэ къыхэсщIыкIынущ, - жиIащ сабийщ, - сэ ин сыхъумэ, мамэрэ уэрэ фризгъэшхэн хуэдэу.

 

ФIыщIэ

Сабий гуэр зеиншэ хъури, и Iыхьлы жыжьэ гуэрым зришэлIэжат. Сабийр къэзыщтэжа лIыр къыхуэгущIэгъуншэт: щIалэ цIыкIум щIэх-щIэхыурэ удын гъущэ иридзырт, езыр шха нэужь, къанэр къыхуидзырт, и ней къыщыхуэмэ, щIыунэм щIидзэрти, сыхьэт бжыгъэкIэ щIигъэсырт, нэгъуэщI сабийхэм дигъэджэгуртэкъым. Зэгуэрым а псор хуэмышэчыжу щIалэ цIыкIур къыщIэпхъуэжащ. Куэдрэ къызэхикIухьащ абы дунейр: щIакхъуэ Iыхьэ щхьэкIэ лъаIуэу, къыздыпэщIэхуэм щыIурихыу. Зэгуэрым ар тежеящ дзэ хуэIухуэщIэхэм щыхуагъасэ школым и бжэщхьэIум. Школым и гъэсакIуэр апхуэдизкIэ лъэщти, и хъыбарри жыжьэ нэсат. Абы щIалэ цIыкIур зришалIэри, дзэ хуэIухуэщIэхэм хуигъэсащ. Илъэсхэр кIуащ. ЩIалэ цIыкIур и гъэсакIуэм лъэщIыхьэжащ IэзагъкIэ. ГъэсакIуэр щылIэм, и школыр щIалэм къыхуигъэнащ. Зэгуэрым щIалэр и гъэсэнхэм я гъусэу и сабиигъуэр щыкIуа щIыпIэхэм къыщыхутащ. Унэхэм язым и куэбжэпэм Iуст щIалэм и благъэ ткIийр.

         - Мо лIыжьращ сызыIэщIэкIауэ щытар, - яжриIащ абы и гъусэхэм.

Модрейхэм я къамэхэр кърапхъуэтат, я гъэсакIуэм ялъ ящIэжыну илъу. Ауэ щIалэм къигъэувыIэжащ ахэр:

         - Сэ абы фIыщIэшхуэ хузощI. Иджыпсту сиIэ псори абы и фIыгъэкIэ зыIэрызгъэхьащ. Хэтыт сэ сызэрыхъунур, ар мыхъуамэ?

 

Кхъузанищ

ЛIы Iущ гуэрым и деж зыгуэр къакIуэри жиIащ:

- ПщIэрэ нобэ уэ щхьэкIэ уи ныбжьэгъум жиIар?

- Зэ догуэ, - къигъэувыIащ ар лIы Iущым, - ар къызжепIэн ипэ, уи псалъэхэр кхъузанищым щIэгъэкI.

- Сыт хуэдэ кхъузанищ?

- ЖыпIэнIа ипэ, кхъузанищым щIэгъэкIын хуейщ. Япэрауэ, пэжым и кхъузанэм… Уэ зэхэбгъэкIа иджыпсту къызжепIэну хъыбарыр пэжрэ пцIырэ?

- Хьэуэ. Сэ ар жаIэу зэхэсхауэ аркъудейщ…

- Ыхьы… Абы щыгъуэм, ар хъыбар нэпцIу къыщIэкIынкIэ зэрыхъунум егупсыс. Иджы етIуанэ кхъузанэм щIэгъэкI – си ныбжьэгъум укъызэрысхутепсэлъыхьынур фIы и лъэныкъуэкIэ?

- Хьэуэ, абы теухуауэ бжесIэнур щIагъуэкъым.

- ЗэрыжыпIэмкIэ, - пищащ лIы Iущым и псалъэм, - уэ зыбогъэхьэзыр абы екIэ утепсэлъыхьыну, ауэ щыхъукIи, хужыпIэнум и пэжагъыр зэхэбгъэкIакъым. Уи псалъэхэр ещанэ кхъузанэми щIумыгъэкIыу хъунукъым. Мыхьэнэ гуэр иIэ къызжепIэну зыбгъэхьэзырам, хъер гуэр къыпыкIыну?

- Хьэуэ, жызмыIэми зыри къэхъунукъым…

- АтIэ къызжепIэну узыхэт псалъэхэм яхэлъкъым пэжыгъи, гуапагъи, мыхьэнэи. Сыт атIэ щIыжыпIэнур? Сэтей къэмыхъу щIыкIэ, гъэпщкIуж.

 

Шыдымрэ псыкъуиймрэ

 

Зыгуэрым и шыдыр псыкъуийм ихуауэ кърихыжыфтэкъыми, егупсысащ:

- Си шыдыр армырами жьы хъуащ, куэд къипсэужынуи къыщIэкIынкъым. ШыдыщIэ къэсщэхун хуейщ армырами. Мы псыкъуийри игъуэжащ, итхъуэжауэ, щIэ къэтIын хуейщ. Уегупсысмэ, иджыпсту си IуэхуитIри зэуэ зэфIэзгъэкIыфынущ: псыкъуийр истхъуэжынщ, апхуэдэ щIыкIэкIэ абы ихуа шыдри щIэслъхьэжынщ…

ЛIым и гъунэгъухэр щIыхьэху ищIри, псыкъуийм щIы ирадзэу хуежьащ. Шыдым зихъунщIэ щхьэкIэ, абыи мыхьэнэ иратыртэкъым. Ауэ куэдыщи дэмыкIыу шыдыр щым хъужащ. ЛIыр псыкъуийм еплъыхмэ, елъагъу: шыдым и щIыбым ирадзэ щIыгулъыр зытриутхыпщIыкIыжым, лъакъуэкIэ теувэурэ къыдэбэкъуейрт. ЩIыгулъыр из щащIым, шыдыр псыкъуийм тыншу къипкIыжащ.

 

Зэхуэзыхьэсар ГЪУЭТ Синэщ.

 

 

 

 

Поделиться: