ЕджапIэхэр къызэIуах

«Движение первых» урысей зэщIэхъееныгъэм и жэрдэмкIэ мы зэманым къалэ куэдым къыщызэIуахащ «Шынагъуэншэу къэжыхьын» зыфIаща школ щхьэхуэхэр. А Iуэхур ядиIыгъащ Урысейм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм.  Зыхуеину псомкIи къызэгъэпэща еджапIэхэм сабийхэр гъуэгу шынагъуэншагъэм ехьэлIа хабзэхэм щыхагъэгъуазэ, еджэныр зэфIэкIа нэужь, цIыкIухэм экзаменхэр ирагъэтри, Iуэхум зэрыхуэхьэзырымкIэ дэфтэрхэр къратыж. Школыр къэзыухахэм ящIэ скутерхэмрэ лъакъуэрыгъажэхэмрэ я IуплъапIэ уэздыгъэхэр сытым деж пыгъэнэн хуейми, лъэс зекIуапIэхэм къыщажыхьмэ, гъуэгур зратын хуейр, цIыху гуп зэхэтым щахуэкIуэкIэ  ящIапхъэхэр. Псалъэм папщIэ, куэдыр щыгъуазэкъым «зебрэхэм» хуэзэ гъуэгу зэпрыкIыпIэхэм скутерхэм къепсыхыу, лъэсу зэпрыкIын зэрыхуейм.

- КIуэ пэтми транспортхэм я бжыгъэм къыхохъуэ. Абы къыхэкIыу сабийхэр цIыкIу щIыкIэ хэгъэгъуэзэн хуейщ транспорт лIэужьыгъуэхэм къахэхъуа скутерхэмкIэ  тэмэму икIи шынагъуэншэу къызэражыхьыным, - жаIэ Iуэхур къыхэзылъхьахэм.

Ди республикэр иджыпстукIэ яхэткъым апхуэдэ еджапIэ къыщызэIуаха щIыпIэхэм, арщхьэкIэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм щIимыдзэ щIыкIэ курыт еджапIэхэм  щекIуэкIащ гъуэгухэм фэбжь къыщымыгъэхъуным теухуа еджэныгъэхэр, зэIущIэхэр, дерс гъэщIэгъуэнхэр. ЦIыкIухэм ядэлэжьащ егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр,  Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэр. Апхуэдэу диIэщ лъакъуэрыгъажэхэмрэ скутерхэмрэ хухаха щIыпIэхэр - Налшык псым пэгъунэгъу лъэс лъагъуэмрэ ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамым, паркым бгъурыту дэкIуей лъэс лъагъуэхэмрэ. ЦIыху куэд щыземыкIуэ а къэжыхьыпIэхэр шынагъуэншэщ, къэзыжыхьхэр хуиту щызэблэкIын хуэдэу, бгъуфIэщ, траспорт гъуэгуми фIыуэ пыIухащ.

КъыкIэлъыкIуэ къэжыхьыпIэр ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм къуэкIыпIэмкIэ хуэзэ и лъэс зекIуапIэрщ. Ар сыткIи а Iуэхум хуэщIауэ асфальткIэ къищIыкIащ, дэгъэзеигъуэ-къегъэзыхыгъуэхэри шынагъуэншэщ. А гъуэгур нэхъыбэм къыщагъэсэбэпыр пщэдджыжьым жьыуэ  Ипщэ гуэлхэм нэс лъэсу щыдэкIуейкIэщ. А зэманыр икIа нэужь скутерхэмрэ лъакъуэрыгъажэхэмрэ я гъуэгур пшапэр зэхэуэху хуит къохъуж.

Паркым и гъуэгу етIуанэ плиткэхэмкIэ къищIыкIар, зэрыгурыIуэгъуэщи, лъэсу къэзыкIухьхэм яйщ. МащIэ дыдэрэ уащрихьэлIэнущ адэ-анэхэм ящIыгъу, самокатхэм тет сабий цIыкIу дыдэхэм. Ахэр зыми зэран хуэхъуркъым.

Урысейм и хабзэухуэхэр тепсэлъыхьащ скутерхэр дяпэкIэ зыхэбжэн хуей транспорт лIэужьыгъуэмрэ абыхэм я зекIуапIэхэр ткIийуэ гъэбелджылын зэрыхуеймрэ. Ауэ, дауэ мыхъуми, абыхэм хьэуар яуфIейркъым, шынагъуэншэхэщ, псынщIагъуэхэщ, дагъэгъэсыныпхъи текIуадэркъым. Ар къызыгурыIуахэм  тыншыгъуэр IэщIыб ящIыжыныр фIэщщIыгъуейщ. Къанэр лъэсу къэзыкIухьхэмрэ абыхэмрэ бульвархэр, скверхэр, гъуэгубгъухэр зэгурыIуэу зэдагуэшынырщ.

Шэрэдж Дисэ.    

 

Поделиться: