Къуэды ипшынынущ

Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ Аруан районым щыпсэу Бэрэздж А. Т. щIыуэпс газ кубометр мин 46-м щIигъу зэридыгъуар.  

Май районым и Судым  и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, Бэрэздж А. Т. къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 158-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм и «б», «в» пунктхэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр зэрилэжьамкIэ икIи къуэды ипшыныну тралъхьащ.

Поделиться: