ИлъэсыщIэр шынагъуэншэу

Дыгъэгъазэм и кIэух щIышылэм и пэщIэдзэ махуэхэм мафIэсу къэхъур щынэхъыбэщ, мафIэм хуэсакъын, зыщыхъумэн зэрыхуейм зэремылIалIэм къыхэкIыу. Нэхъыбэу ар къохъу ИлъэсыщIэм зыщыхуагъэхьэзыркIэ, ар щагъэлъапIэкIэ, псейр щагъэувкIэ   хабзэм зэрытемытым, пиротехникэм зэрыхуэмысакъым къыхэкIыу.

ИлъэсыщIэ махуэшхуэхэм насыпыншагъэ гуэр къэмыхъуным теухуауэ фигу къыдогъэкIыж псейхэр щывгъэщIэращIэкIэ Iэмал имыIэу гу зылъытапхъэ, гъэзэщIэн хуей хабзэхэр:

- школхэм, клубхэм, ЩэнхабзэмкIэ уардэунэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ сабийхэм папщIэ псейхэр щыбгъэув хъунур къат етIуанэм мынэхъ лъагэу, щIэкIыпIитI е пкIэлъей дэкIуеипIэхэр иIэущ. ЦIыху куэд зэкIуалIэ пэшхэм узэрыщIыхьэ бжэм къинэмыщIауэ, зыгуэр къэхъу хъужыкъуэмэ, къызэрыщIагъэкI бжэи хэлъын хуейщ;

- псейр щыгъэува пэшым и щIыхьэпIэм, езы пэшым щыIэн хуейщ зэпэщ мафIэсгъэункIыфI Iэмэпсымэу 3-м щыщIэдзауэ 5-м нэс. Апхуэдэхэр щымыIэмэ, гъунэгъу пэшым Iэмал имыIэу щIэтыпхъэщ  псы пэгуни 10 мынэхъ мащIэ;

- псейм лъабжьэ быдэ иIэн хуейщ, абы и къудамэхэр блынхэмрэ унащхьэмрэ нэмысу;

- псейр бгъэув хъунукъым зэрагъэплъ, зэрагъэхуабэ Iэмэпсымэхэм пэгъунэгъуу, апхуэдэуи цIыху къыщIэгъэIэпхъукIыпIэхэм;

- псейм фIэвмыдзэ псынщIэу къэлыд хьэпшыпхэр, и къудамэхэмрэ зэрыгъэувамрэ  къебгъэтIылъэкI хъунукъым мафIэм щызыхъумэ зыщIэзымыфа бжьэхуц;

- пэш кIуэцIым фейерверкхэр къыщыбгъэсэбэп, бенгальскэ мафIэхэр щыбгъэлыд хъунукъым;

- электроIэмэпсымэ щIэгъэнахэм кIэлъыплъ щымыIэу къэвмыгъанэ;

- къэфщэху заводым къыщыщIагъэкIа, щIэбгъанэ хъуну гирляндэхэр;

- сабийхэр хуит фымыщI езыхэм электрогирляндэхэр пагъэнэну;

Сыт щIэн хуейр, псейр къэлыдамэ?

- электросетым пыщIа псори вгъэункIыфI;

- зэгъэтIылъэкI имыIэу мафIэсгъэункIыфIхэр къевджэ мы телефонхэмкIэ «01» (стационар телефонхэмкIэ) е «112» (жып телефонхэмкIэ), пэшхэм цIыхухэр къыщIэфши, щIыпIэ шынагъуэншэм фыщыпэплъэ мафIэсгъэункIыфIхэм.

- Iэмал щыIэмэ, фэ езым псейр гъэункIыфIын щIэвдзэ. Абы щхьэкIэ ар лъэгум евгъэтIылъэх, щэкI Iув тефлъхьи псы тефкIэ, зыщывмыгъэгъупщэ, псей IэрыщIыр псыкIэ зэрамыгъэункIыфыр.

 ИлъэсыщIэ махуэхэм, сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэм сымаджэщхэм къыщIохутэ мафIэсым фэбжь хэзыха балигъхэри сабийхэри. Абы и щхьэусыгъуэр дзыхьщIыгъуэджэ пиротехникэр къыщагъэсэбэпкIэ зэрымысакъырщ. 

МафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм и гуапэщ ди республикэм щыпсэухэм, абы и хьэщIэхэм гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэкIэ гъэнщIауэ, къэхъукъащIэ гуэрхэр щымыIэу ягъэкIуэну илъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр.

МафIэм фыхуэсакъ!

                                                                                     

СЭБАН Арсен.
Поделиться: