Хы псэущхьэхэр мащIэ хъуащ

Иужьрей зэманым псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ щокIуэдыж. ЩIыуэпсымрэ абы и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, псыр фIей зэрыхъуам, кIэрыхубжьэрыхухэр зэрыхадзэм къыхэкIыу, бдзэжьейхэм лъышэ (кислород) яхуримыкъуурэ, холIыхьри, тафэм къытредзэж. А Iуэхум хэкIыпIэ гуэри имыIэу щыткъым, ауэ ар гъэзэкIуэжыным зэманышхуэ ихьынущ.

Къэпщытэныгъэхэм хэтащ къэрал 17-м я щIэныгъэлI 67-рэ. Абыхэм ягъэхьэзыра тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, 1950 гъэ лъандэрэ Дунейпсо хым лъышэу хэтым и бжыгъэм кIэроху илъэс къэс. Псалъэм папщIэ, илъэс 70-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Дунейпсо хым и щIыпIэ 45-м а Iуэхугъуэр нэхъ къефыкIыу щытамэ, нобэкIэ лъышэр хурикъуркъым щIыпIэ 700-м щIигъум. Апхуэдэ щIыпIэхэм хэс бдзэжьейхэр зэшэзэпIэ мэхъу.

Сыт-тIэ псым лъышэр хэкIуэдыкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъур?

Псом япэрауэ, цIыхум игъэс гъэсыныпхъэхэм къапиху Iугъуэ хьэлъэр уэгум ихьа нэужь, лъышэр еубыдри, псым хэшыпсыхьын хуейм хуэдиз лъысыжыркъым. Ауэ щыхъукIэ, псым и лъабжьэ дыдэм щыIэ бдзэжьей лIэужьыгъуэхэм апхуэдизу зыхуэныкъуэ лъышэр яIэрыхьэркъыми, малIэ. ЗэрыжаIэмкIэ, псым фIэкIуэд лъышэм и процент 50-р а Iуэхугъуэращ зэпхар. Мыдрей процент 50-р и ягъэщ псым хэт хьэндыркъуакъуэцIанлъэм. ЦIыхум и кIэрыхубжьэрыхухэр хым, тенджызым хиутIыпщхьэныр хьэл мыгъуэ хуэхъуащ, абы кърикIуэнкIэ хъунум егупсысри мащIэщ. Псы фIейр, Iэщышхуэм и кIэрыхубжьэрыхухэр хым щыхэхуэкIэ, абы азот куэду зэрыхэлъым къыхэкIкIэ, хьэдыркъуакъуэцIанлъэр мэбагъуэ, абы лъышэ куэд зыщIешэ. Аращи, бдзэжьейхэм армырми къемэщIэкI лъышэр ялъысыркъым.

«Мы Iуэхугъуэр къызэтедмыгъэувыIэмэ, ди псэущхьэхэм щыщу лIэужьыгъуэ зыбжанэ тфIэкIуэдыпэнкIэ шынагъуэщ. Абы и закъуэкъым, бдзэжьей зыщэхэм я Iуэхури зэIыхьэнущ. КIэщIу жыпIэмэ, дунейпсо экономикэр къызэIызыщIэн Iуэхугъуэщ мыр. Ари пщигъэгъупщэжыну щыIэщ иджыри зы шынагъуэ - лъышэр къызэмэщIэкI псым къеутIыпщ «парниковый эффект» жыхуэтIэр нэхъри къезыгъэбл гъуэзхэр. ЗэрытщIэщи, апхуэдэ гъуэзхэр уэгум ихьа нэужь, щIым къытепсэ хуабэм хьэршым иримыгъэгъэзэжу еубыдри, дунейпсо хуабагъэр дрегъэкIуей. Дунейр нэхъ хуабэ хъуху, мылхэри псынщIэу мэткIу.  ЩIэныгъэлIхэм я къару илъ къамыгъанэу, а Iуэхугъуэм елэжь зэпыту къогъуэгурыкIуэ, ауэ зыми зихъуэжакъым. Уеблэмэ 2018 гъэм «парниковый эффект»-м и зэран къызэрыдэкIам хуэдэу зэи зыкъыдигъэщIауэ къысхуэщIэжыркъым», - жеIэ Дунейпсо хыр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Эппс Минэ.

УнафэщIым и псалъэхэм щыхьэт тохъуэ Балтийскэ хым лъышэр мащIэ зэрыщыхъуар, абы къыхэкIкIи псэущхьэ лIэужьыгъуэ зыбжанэм а псыр зэрабгынар. А хым щыщу псэущхьэ зыхэмысыж щIыпIэм километр зэбгъузэнатIэу 70000 еубыд. ИщхьэIуэкIэ къызэрыхэщащи, хьэндыркъуакъуэцIанлъэ зэхуэмыдэхэр щыбагъуэри, Балтийскэ хым и плъыфэри ихъуэжащ.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: