Адрейхэм къащхьэщокI

Иджыпсту я чэзущ псчэ, пыхусыху, игъащIэм щыIам хуэдэу, абыхэм захэзыгъэзэгъа ковид узхэм. ИджыпстукIэ ахэр цIыхухэм нэхъ тыншу япкърыкI хуэдэщ, ауэ урысей дохутыр щIэныгъэлIхэм дызэрыщагъэгъуэзамкIэ, абыхэм къагъуэтащ иджыри къэс щымыIа нэгъуэщI зы щIыIэ уз. Абы цIыхухэр мазищ енкIэ иIыгъщ.

Къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, япэщIыкIэ ар къожьэ къызэрыгуэкI щIыIэ узу: сымаджэхэр мащIэу пщтыр къохъу, къарууншэщ, я нэпс - пэпсхэр къыпож, языныкъуэхэм деж я тэмакъыр къыхоузыкI, я макъыр йокI. Ахэр мазищкIэ къимыутIыпщу иIыгъщ узыр ящхьэщыкIа нэужь къахуинэ псчэм. Апхуэдэхэм я узыншагъэр псынщIэу зэтеувэжыркъым. Ковидыр, пыхусыхур, зэрыфщIэщи, тыншу къахутэ, ауэ мы щIэуэ къэунэхуам япэщIыкIэ зыкъуигъащIэркъым. Пщэдджыжьым узыншэу нэху къекIар зы сыхьэт - сыхьэтитIым къриубыдэу пщтыр къохъу, градус 39-м щынэси щыIэу.

Апхуэдэ щытыкIэ здэщыIэр ди къэралым и закъуэкъым. ВОЗ-м и къэхутакIуэхэм хэIущIыIу ящIащ къызэрыгуэкIыу къежьа щIыIэ узым и кIэр кIыхь зэрыхъур икIи дохутырхэм абы иратащ «Iong coIds» (длинная простудэ) фIэщыгъэр. Абы теухуауэ Лондон дэт университетым и щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ цIыху мини 10-м драгъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэми къагъэлъэгъуащ, ковид, щIыIэ уз зыпкърытахэм, узыр ящхьэщыкIа нэужьи, я къупщхьэхэр зэрыузыр, кIыхьу псчэм зэриIыгъыр. АрщхьэкIэ апхуэдэ щытыкIэр къэзышэн вирусыщIэ къэунэхуауи зыми къахуэгъуэтакъым.

- Апхуэдэ уз мыгурыIуэгъуэм къежьапIэ хуэхъуар пыхусыху уз лIэужьыгъуэ къызэрыгуэкI зыбжанэ ( респираторнэ - синцитиальный вирус - РСВ, микоплазмэ) зэгъусэу къыздекIуэкIынырщ, - абы иджыпстукIэ къытеувыIащ къэхутакIуэхэр. ЩIыIэ уз гъэхъужыгъуейр апхуэдэу къыхэкIынкIэ мэхъу цIыхухэм я иммунитетыр зэрехуэхам икIи абыкIэ псом япэу зэранышхуэ хъуар мазих - мазийкIэ цIыхухэм я узыншагъэр щызэфIэмыувэж ковид нэужь лъэхъэнэрщ. Абы къыхэкIыу дэтхэнэ зыри тэмэму зэIэзэжын хуейщ. Псом япэу къэхутэн хуейщ япкърыт узыр зыхуэдэр, сыту жыпIэмэ, ковидымрэ пыхусыхумрэ я екIуэкIыкIэр зэщхь пэтми, я гъэхъужыкIэр зэтехуэркъым. Ар тэмэму зэрекIуэкIым теухуащ къызэрыгуэкI дэтхэнэ зы щIыIэ узми цIыхур зэрыпэлъэщыну щIыкIэмрэ абы зэриIыгъыну зэманымрэ. Псчэр щымыувыIэххэм деж псом япэу зэхэгъэкIын хуейщ микоплазмэ пневионие е коклющ фиIэрэ фимыIэрэ. Абы ипIэкIэ цIыхухэм я нэхъыбэр япэщIыкIэ аллергологхэм я деж макIуэри, бронхиальнэ астмэр хуагъэув, мыдрейхэр яIэнкIэ зэрыхъунум гу лъамытэу. Мыри къэлъытапхъэщ - ипэ ита илъэсхэм къащхьэщыкIыу иджыпсту цIыхухэм инфекцэ уз зыбжанэ (пыхусыхур, ковидыр. РСВ-р, микоплазмэр) зэщIыгъуу нэхъыбэрэ къапкърыхьэ хъуащ .- жиIащ урысейм и эпидемиолог цIэрыIуэ, РАН-м и академик Горелов Александр.

ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
Поделиться: