ДжэдыкIэм и уасэр аргуэрыжьу яфIыщIопхъуэ

Къэралым ерыскъым  я уасэр  процент 1,55-кIэ щэкIуэгъуэ мазэм хэхъуауэ щытмэ, а мазэ дыдэм къриубыдэу джэдыкIэр процент 15,7-кIэ нэхъ лъапIэ хъуащ.

УФ-м Къэрал статистикэмкIэ и федеральнэ къулыкъум (Росстат) къызэритамкIэ, 2023 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм къриубыдэу къэралым и щIыналъэ 18-м джэдыкIэм и уасэр щыдэкIуеящ процент 1 - 10-кIэ, щIыналъэ 46-м - проценти 10 - 20-кIэ, щIыналъэ 21-м - процент 20,1 - 28,6-кIэ. Уебламэ, иужьрей тхьэмахуитIым къриубыдэу, къэралым и щIыналъэ зыбжанэм джэдыкIипщIым я уасэм сом 200 жаIэ хъуащ. 

Краснодар крайм джэдкъаз зыгъэхъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Владимиров Олег, Iуэхум теухуауэ зэрыжиIамкIэ, джэдыкIэ уасэм хыхьэр абыхэм ирагъэшх джэд Iусым и уасэм и закъуэкъым.  АтIэ, гъэсыныпхъэми электрокъаруми я уасэхэм хэхъуэ зэпытщ. Псалъэм папщIэ, илъэс къэс проценти 10 мынэхъ мащIэу хагъахъуэ. Абы нэмыщI джэд Iусым халъхьэ хущхъуэхэмрэ витаминхэмрэ я уасэри докIуей. Ахэр нэхъыбэу къыщащэхур хамэ къэралхэрщ.

Илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, щэкIуэгъуэ мазэм ерыскъым и уасэм проценти 7,21-м нэблагъэкIэ хэхъуащ. Жэпуэгъуэм ар зэрыхэхъуауэ щытар проценти 6-м нэблагъэщ, фокIадэм - проценти 4,87-кIэ, шыщхьэIум - проценти 3,58-кIэ, бадзэуэгъуэм - проценти 2,23-кIэ, мэкъуауэгъуэм - проценти 0,18-кIэ.  

Дызэрыт илъэсым и жэпуэгъуэ мазэм елъытауэ щэкIуэгъуэм хьэпшып зэхуэмыдэхэм я уасэм зэрыхэхъуар процент 0,53-щ, ауэ, нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ, къыщапщытэ лъэхъэнэхэм хуэзэу, проценти 5,58-кIэ хэхъуащ. ХадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хэмыту блэкIа мазэм къриубыдэу ерыскъым и уасэм процент 1,03-кIэ хэхъуащ. Илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ - проценти 5,26-рэ.

Жэпуэгъуэ мазэм елъытауэ щэкIуэгъуэм хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ я уасэми проценти 5,51-кIэ хэхъуащ, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ - процент 23,89-кIэ.

Апхуэдэуи, Росстатым къызэритамкIэ, мазэ блэкIэм къриубыдэу нащэм и уасэм процент 35,1-кIэ хэхъуащ, бэдрэжаным процент 19,1-кIэ, жызумым - проценти 8,6-кIэ, бжьыныхум - проценти 6,8-кIэ. Ауэ, а лъэхъэнэм къриубыдэу, апельсиным и уасэм кIэрыхуащ проценти 9,4-рэ, лимоным - проценти 6,3-рэ.

ЕрыскъыхэкIхэм щыщу джэдкъазылым къыхащIыкIа шхыныгъуэхэм проценти 3-кIэ, джэшымрэ джэш хъуреймрэ проценти 2,2-кIэ, гуэгушылым процент 1,9-кIэ хэхъуащ.

Бдзэжьей ягъэщтам, тхъуцIынэм, щIакхъуэм, щIакхъуэхэкIхэм, прунжым я уасэм хэхъуащ процент 1,5-кIэ. Бдзэжьей лъапIэхэм я уасэм кIэрыхуащ процент 1,2-кIэ, фадэмрэ фадэхэкIымрэ - процент 0,2-кIэ. Бдзэжьей жылэми и уасэм кIэрыхуащ процент 1,2-рэ, сабийм ирагъэшх шэм - процент 1-рэ, курпIэхэм - 0,5-рэ.

Иджыпсту гугъущ джэдыкIэм и уасэр адэкIэ зэрыхъунур къэпщIэну, ауэ хэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, дызыхуэкIуэ илъэсыщIэм ирихьэлIэу, абы зэхъуэкIыныгъэшхуэ игъуэтыну къыщIэкIынукъым, зы тэкIукIэ иджыри хэмыхъуэу щытмэ. Ауэ Iуэхум теухуауэ хъыбархэр УФ-м и Президентым деж зэрынэсар къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 гъэм щIышылэ мазэм и кIэхэм ирихьэлIэу абы и уасэм кIэрыхужын хуейщ. Дыпэплъэнщ.

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: