Къызэрыхах зэхьэзэхуэм щытокIуэ

Краснодар крайм хыхьэ Ейск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Ипщэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къалмыкъым, Кърымым, Севастополь, Краснодар крайм, Астрахань, Волгоград, Ростов областхэм я бэнакIуэу 140-м нэблагъэ.

Килограмм 87-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ Гъуэныбэ Iэуес зэхьэзэхуэм и дыщэ медалыр къихьащ. Щауэ Сэлим килограмм 63-рэ хъухэм я деж етIуанэ увыпIэм дэкIуеящ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ УФ-м алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дызыхуэкIуэ илъэсым и пэщIэдзэхэм екIуэкIыну и чемпионатым.    

БЭВЫКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:

Читать также: