Я узыншагъэм ехьэлIа путёвкэхэр

Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм республикэм щыпсэу цIыху 460-м мы илъэсым яритащ я узыншагъэр санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэм щызэфIагъэувэжынымкIэ путёвкэхэр. Абы хуаутIыпщащ сом мелуани 9,5-рэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми щызрагъэIэзэ икIи профилактикэ щрагъэкIуэкI мыпхуэдэ узыфэхэр зыпкърытхэм: лъыр зэрызекIуэм, эндокриннэ системэм, зэрыбауэ органхэм, псантхуэхэм ехьэлIахэр, нэгъуэщIхэри. 
 Льготэ зиIэхэм Iэмал имыIэу ящIыгъун хуейхэри къыщеIэзэну щIыпIэм пщIэншэу макIуэ икIи къокIуэж. 
Къыхэдгъэщынщи, санаторэ-курорт щIыпIэм щызрагъэIэзэным махуэ 18 къызэщIеубыдэ, сабий-ныкъуэдыкъуэхэм - махуэ 21-рэ, зи щIыбымрэ щхьэ кIуцIымрэ ехьэлIа узыфэхэр зиIэ ныкъуэдыкъуэхэм махуэ 24-м къыщыщIэдзауэ 42-м нэс. 
 ОСФР-м и мылъкукIэ къыщоIэзэну уи чэзур къыщысынум ущыкIэлъыплъыфынущ СФР-м и сайтым (https://social-insurance.sfr.gov.ru/r07/) - «Информация для жителей региона» жыхуиIэ напэкIуэцIым. Абы щхьэкIэ льготэ зиIэм и СНИЛС номерыр къигъэлъэгъуэн хуейуэ аращ. 
 Фигу къэдгъэкIыжынщи, санаторэхэмрэ курортхэмрэ цIыхухэм щеIэзэнымкIэ путёвкэхэр ират апхуэдэ къэрал социальнэ дэIэпыкъуныгъэ къаIэрыхьэну хуитыныгъэ зиIэхэм. 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: