Куба амбулаторэщIэ щаухуэ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Куба къуажэм щаухуэ амбулаторэщIэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ. Зы лэжьэгъуэ махуэм къриубыдэу цIыху 90-м хуэдизым щеIэзэфынущ абы. Абы нэмыщI, махуэкIэ цIыхухэм я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъу, хущхъуэхэр щрахьэлIэу щIэлъынухэм папщIэ гъуэлъыпIэ 15 щIагъэувэнущ. 
АмбулаторэщIэм хыхьэнущ терапевтым, сабий дохутырым, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэм я пэшхэр, мастэ щыхалъхьэ, уIэгъэхэр щапхэ кабинетыр, дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и къудамэ. ЦIыхухэм я чэзур къэсу дохутырым и деж щыщIыхьэнум щыпэплъэну щIыпIэ щхьэхуэхэр яIэнущ, зыщрагъэIэзэнум деж нэхъ тыншу зрагъэтхыфын папщIэ, абы хуэщIа Iэмэпсымэхэр, гъуэгугъэлъагъуэхэр ягъэувынущ, сымаджэхэмрэ узыншэхэмрэ зэхуэмызэн, уз зэрыцIалэхэм зрамыгъэубгъун папщIи, абыхэм щIыхьэпIэ щхьэхуэхэр къыхузэрагъэпэщынущ. ЖыпIэнурамэ, цIыхухэм я тыншыпIэ псори хэтынущ унэщIэм.
Ухуэныгъэр ирагъэкIуэкI «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым хыхьэ «ЦIыхухэм япэу зызыхуагъазэ медицинэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэм тету икIи лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIынущ дызэрыт илъэсым и кIэм ирихьэлIэу. 
Иджыпсту ухуакIуэхэм пэш кIуэцIхэр къращIыкI.
БАТОКЪУЭ Албэч.
Поделиться: