ХьэцыбанэЛатиныбзэкIэ хьэцыбанэр «Rose» - щ. Пэжщ, ар розэм и лъэпкъэгъущ. Уеблэмэ, ботаникэм ехьэлIа языныкъуэ тхылъхэм хьэцыбанэм щхьэкIэ «розэ» жаIэу ятхауэ ущрихьэлIэнкIи хъунущ. Хьэцыбанэ лIэужьыгъуэу дунейм тетщ 400-м щхьэдэх. Урысейм къыщокI лIэужьыгъуи 100 хуэдиз. Абыхэм яхэтщ ди къэралым нэмыщI нэгъуэщI зыщIыпIи узыщримыхьэлIэхэри. Я инагъкIэ ахэр егъэлеяуэ куэду зэщхьэщокI. Языныкъуэ хьэцыбанэ лIэужьыгъуэхэр метри10 хуэдизкIэ докIей, сантиметритху хуэдизкIэ фIэкIа щIым зыкъытезымыIэтыкIи урихьэлIэнкIэ хъунущ. Хьэцыбанэр чыцэуи жыг лIэужьыгъуэуи щыIэщ. ЗакъуэтIакъуэхэ яхэтщ жыг лъагэу дэкIейрэ илъэс щэ бжыгъэкIэ щIым хэтхэр. Егъэлеяуэ лъагэ хьэцыбанэ жыг нэмыцэ члисэхэм ящыщ зым и хадэм щокI. Абы и ныбжьыр IупщI дыдэкъым, ауэ илъэс 400-м щегъэжьауэ 1000-м нэсыну хуагъэфащэ щIэныгъэлIхэм. И лъэдийр сантиметр 50 мэхъу, езым метр 13 и лъагагъщ. США-м щыIэщ «Роза Бэнкс» жыхуаIэ хьэцыбанэ жыг абрагъуэр. Ар XX лIэщIыгъуэр къихьэным илъэс 15 иIэжу хасауэ хуагъэфащэ. КъэкIыгъэм метр зэбгъузэнатIэу 740-рэ еубыд. Гъатхэм деж абы и къудамэхэм хьэцыбанэ розэ мин 200 хуэдиз гъэгъауэ къызэрокI. Кърымым, сурэтыщI Коровин Константин Гурзуф щиIа унэм деж а лIэужьыгъуэм щыщ итщ, илъэси 100 хъууэ.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|