Зи къалэным хуэпэж полицей Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий къыIэрыхьащ Налшык къалэм щыIэ «Нартыху» жыг хадэ зэгухьэныгъэм и унафэщIымрэ гупымрэ къабгъэдэкI тхыгъэ гуапэ. Абыхэм фIыщIэ хуащI Налшык къалэ УМВД-м и ОП №1-м и участковэ уполномоченнэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь Нэзрэн Азэмэт, ар и IэщIагъэм зэрыхуэпэжым, цIыхугъэ зэрыхэлъым, и къалэнхэр хьэлэлу зэригъэзащIэм папщIэ.
«Ди зэгухьэныгъэм щыщхэу щIы кIапэхэр зиIэхэм лъэIу зэмылIэужьыгъуэхэр, псом хуэмыдэу псэукIэм пыщIахэр, я мащIэкъым. Полицэм и лейтенант нэхъыжь Нэзрэн Азэмэт дэтхэнэми гулъытэ хуещI. Жэщ-махуэ имыIэу сыт хуэдэ зэманми дэIэпыкъуэгъу къытхуохъу. КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщIхэм фIыщIэ яхудощI я IэнатIэм Азэмэт хуэдэ, пэжыгъэ зыхэлъ хабзэхъумэхэр зэрыщылажьэм папщIэ», - итщ письмом.
Нэзрэн Азэмэт зэрыжиIащи, ар сыт щыгъуи хьэзырщ цIыхухэм защIигъэкъуэну, и нэIэ зытет щIыпIэм щытыкIэр зыщыхуэдэм кIэлъыплъыну. Ар абы и лэжьыгъэщ, и къалэнщ.
Азэмэт къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм щолажьэ 2010 гъэм щыщIэдзауэ, полицэм и участковэ уполномоченнэщ 2019 гъэ лъандэри, цIыхухэм я дзыхь кърагъэз, пщIэ къыхуащI.
Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я унафэщIхэми Нэзрэным. мызэ-мытIэу гулъытэ къыхуащIащ и къалэнхэр хьэлэлу зэригъэзащIэм къпэкIуэу.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|