И усыгъэр хьэуа Iубыгъуэщ

ЩэкIуэгъуэм и 14-м илъэс 35-рэ ирикъуащ иджырей адыгэ литературэм, усыгъэм хэлъхьэныгъэ мыкIуэщI хуэзыщI, и ныбжьым емылъытауэ, къэухьрэ гупсысэкIэ куурэ зиIэ, гъащIэм философие бгъэдыхьэкIэ хуэзыщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа усакIуэ гъэщIэгъуэн, журналист Гугъуэт Заремэ Хьэбас и пхъур. 
Заремэ Каменномост къуажэм 1988 гъэм къыщалъхуащ, КъБКъУ-м филологиемкIэ и факультетым и адыгэбзэ къудамэр къиухауэ, 2012 гъэ лъандэрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспонденту мэлажьэ. 2013 гъэм Заремэ Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. 2019 гъэм, усакIуэр зэрыныбжьыщIэм емылъытауэ, и зэфIэкIхэр къалъытэри, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. 
Гугъуэт Заремэ ящыщщ тхакIуэ Хьэх Сэфарбий и нэIэм щIэту лажьэу щыта «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм и гъэсэнхэм. 
 «Адыгэ псалъэ», «Горянка», «Черкес хэку» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Литературная Кабардино-Балкария» журналхэм я щIэджыкIакIуэхэм Заремэ къацIыху мызэ-мытIэу тета, лъагъуныгъэм, гъащIэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуа и усэ IэрамэхэмкIэ. Гугъуэтым и усэхэр ихуащ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр иту къыдэкIа «КъудамэщIэ», «Шыхулъагъуэм и вагъуэхэр» тхылъхэми. 2016 гъэм «Хьэуа Iубыгъуэ» и усэ тхылъыр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. ЖыIэпхъэщи, а тхылъыр дунейм къызэрытехьар и фIыщIэщ журналист, тхакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. 2022 гъэм «Зэманым и гъуджэ» тхылъым тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр бзищкIэ иту къыдэкIащ. Абыи Заремэ и усэ Iэрамэ ихуащ. 
«Хьэуа Iубыгъуэ» тхылъыр Гугъуэтым и япэ лъэбакъуэщ. Абы ихуа усэхэм гъащIэм и лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэр къыщыгъэлъэгъуащ: гухэлъ къабзэр, гуапагъэр, гущIэгъур, фIыщIэр, губгъэныр, гуфIэгъуэр, нэщхъеягъэр. 
Гугъуэт Зэремэ и тхылъым теухуауэ Хэжь Л., Къардэн З. сымэ ятха «Иджырей къэбэрдей-шэрджэс усыгъэм и зыужьыныгъэр: нэхъыщхьэу зытеухуар,поэтикэр» лэжьыгъэм мыпхуэдэу щатхащ: «УсакIуэр сыт хуэдэ мыхъумыщIагъэ иримыхьэлIами, дунейм и дахапIэр къыхелъагъукIыф, дэтхэнэ лъэпощхьэпоми пэлъэщу, езым и гъуэгу екIуж». 
Гугъуэт и усыгъэм гурыщIэр щытепщэщ. Абы щыгъуэми лирикэ лIыхъужьым и лъагъуныгъэр зэмылIэужьыгъуэщ, зы пIэмрэ зы хьэлымрэ иткъым, атIэ зихъуэжь-зиужьу къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэ лъагъуныгъэм и лъабжьэщ гумащIагъэр, гуапагъэр, гущIэгъур… 
Заремэ псэ къару мыкIуэщI зиIэ адыгэ бзылъхугъэщ. ЦIыхухэм я псалъэ фэрыщIхэм зезымыгъэлIалIэ, гупсысэ куу къэзылъагъуф усакIуэщ.
Заремэ усэ тхыным  зэрыхуэкIуам теухуауэ жеIэ курыт еджапIэм и ебланэ классым щIэсу абы къалэмыр къыхуищтауэ. 
- Анэ лъагъуныгъэм къыхэкIащ жызоIэ – аращ япэу сызытетхыхьар. Сытыт япэ усэхэр зытезухуэр? Дыгъэм, джабэм, псыхъуэм, удзым, уэшхым… Зыкъомрэ зыри къезгъэджакъым усэ хуэдэу стхыхэм. Пщэдджыжь гуэрым си шыпхъум си щхьэнтэ лъабжьэм абыхэм ящыщ зы къыщигъуэтри къеджат. Сыт сщIэнт, япэу къэзыгъуэтар схуэхъуащ япэ щIэджыкIакIуэ – стхыIамэ, къезгъаджэрт. Си шыпхъум нэмыщI зыкъомрэ зыми илъэгъуакъым си усэхэр. Ауэ зэгуэрым си классэгъу хъыджэбз цIыкIу зэпеуэ кIуэн хуей хъуат. Ар фIы дыдэу еджэрт, уэрэди дахэу жиIэрт, къафэрт. Зэпеуэм хэтт езым зэхилъхьа усэ иригъэхьын, къеджэн хуейуэ. «Сэ пхуэстхынщ» жысIэн хуей хъуащ, си ныбжьэгъути. Абы и ужькIэ, щIыналъэм тхакIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ щекIуэкIти, ди школым къыбгъэдэкIыу сагъэкIуащ. Абы япэ увыпIэ къыщыщысхьым, адэкIэ тхэным нэхъри сытегушхуащ, – игу къегъэкIыж Заремэ.
ИужькIэ университетми щIэтIысхьащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэбзэмрэ литературэмрэ я къудамэращ къыхихар. Зэремэ ещIэж япэ курсым езыр хэсу а къудамэ дыдэм щеджэ Дзэгъащтэ Азэмэт аудиторием къыщIэплъэу кафедрэм къеблэгъа ныбжьыщIэ цIыкIухэм зэригъэцIыхуауэ зэрыщытар. Ар абы щыгъуэм ещанэ курсым хэст. Азэмэт жиIащ: «Усэ зытх къыфхэтмэ, гупжьейм фысшэнущ». 
 - Апхуэдэу Хьэх Сэфарбий и «Шыхулъагъуэм» сыхишауэ щытыщ. «Шыхулъагъуэм» сыкIуа нэужь, си усэхэр газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуэ хъуащ. Иджы ИнтернеткIи цIыхухэм тыншу уадогуэшэф усэкIэ. Сэ а Iэмалри сфIэфIу къызогъэсэбэп. Сыту жыпIэмэ, усэхэм къыпэджэжIауэ щыплъагъукIэ, абы гукъыдэж къует, дауи, – жеIэ ди псэлъэгъум. 
ЖыIэпхъэщи, усэ, прозэ, сурэт, макъамэ е нэгъущI зи зэчийкIэ къэзыгъэщI дэтхэнэри зыгуэрым трегъэгушхуэ, зы гъэщIэгъуэн гуэр мы ди дунейм къыхихьэным. Заремэ дежкIэ апхуэдэ лъабжьэ хъумкIи деупщIащ. 
 – Гу лъыптагъэнщ, си усэхэр нэщхъейрилэщ нэхъыбэм, спкърыузыкI гупсысэ гуэрхэр кърисIуатэу. Абы къыхэкIыу, псэзэпылъхьэпIэ гуэрхэм сыкъраш усэхэм жысIэ хъуну пIэрэ… «Усэ тхыным зэман куэд текIуадэрэ» жаIэу куэдрэ щIоупщIэ щIэджыкIакIуэхэр. Хьэуэ, усэ тхыным зэман текIуадэркъым, абы и «къехьэкIыныр» нэхъ кIыхьщ. Усэр тхылъымпIэм нэбгъэсыныр тыншщ, гугъур ар щыбгъэв пIалъэращ. Мазэ, тхьэмахуэ, махуищ, сыхьэтитI - къыпхуэщIэнкъым. 
Дауэ сэ усэр зэрызыхэсщIэр?! Си гур пIейтей – тепыIэншэ мэхъу, хэкIыпIэ лъыхъуэу дунейм зриудэкI хуэдэу. Абы щыгъуэм псэм щытыкIэ мыгурыIуэгъуэ гуэр иIэщ. ИтIанэ гурыIуэгъуэ мэхъу – псэм гупсысэр къиутIыпщу аращи, ар тхылъымпIэм нэпхьэса нэужь, «уэху» жыбоIэж. 
ЦIыхум зыщIыпIэ хуитыныгъэ гуэр щиIэн хуейщ, зи мыхъуми зэгуэмыудын щхьэкIэ. Сэ усэхэм щызиIэщ хуитыныгъэ, абыхэм щэху къахызонэ. Адыгэ литературэм и Iуэхум сигъэгузавэу сытхэркъым - къасщтэркъым апхуэдэ жэуаплыгъэ. ЩхьэзыфIэфIагъ хъунщ абы нэхъ хэлъыр – си псэр згъэтыншын щхьэкIэ сотхэ, «сытолажьэ» псэм. Сымытхэу схуэшэчамэ, сымытхэнри хэлът. Усэр – си дуней тетыкIэщ, – жеIэ Заремэ. 
Усэ зыфIэфI дэтхэнэми езым и псэм нэхъ дыхьэ къелъыхъуэ. Ауэ езы усакIуэм и IэдакъэщIэкI яхэту пIэрэ нэхъыфIу илъагъу щыжытIэкIэ, Заремэ къыхегъэщ зэриIэр, икIи ахэр зэман, щIыпIэ, цIыху гуэрым я деж зыхьыжхэу зэрыщытыр. 
Зи тхыгъэхэр куу, гу зылъезыгъатэ Заремэ гупсэхугъуэ къезытыр тфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. 
- ЩIыуэпсым гъунэгъу зыхуэсщIмэ, псалъэ щIэмыту макъамэ къабзэ седаIуэмэ, псэкIэ спэгъунэгъу цIыху сепсалъэмэ, сабий згъэгуфIэмэ, тхылъыфI седжэмэ, Iуэху дахэ гуэрым сэбэп сыщыхъумэ - аращ гурыфIыгъуэ къызыхэсхыр, дэрэжэгъуэ къызэзытыр, сызыгъэпсэхур. Пэжу жысIэнщи, сурэтыщIхэм, дэрбзэрхэм, IэпэIэсэхэм сохъуапсэ. Абыхэм а Iуэхум гупсэхугъуэ къыхахыу къысщохъу, – жеIэ Заремэ. 
Гугъуэт Заремэ и тхыгъэхэм я нэхъ мащIэу щыгъуазэми гу лъитагъэнщ абы Хэкум и щIыуэпсыр, бзэм и дахагъэр зэригъафIэр. Апхуэдэ щытыкIэр езы усакIуэр зэрыхэкупсэм и щыхьэтщ. АбыкIэ езы Зареми арэзыщ. 
 - Сигурэ си щхьэрэ зэтелъу сыхэкупсэу зызобжыж, лъымрэ къупщхьэмрэ я къарур зыхэсщIэу. Лъэпкъ дахэм сыщыщу дунейм сызэрытетым сегъэгушхуэ, адыгэм къехъулIэхэм сыщогуфIыкI. Лъэпкъ щэн, хабзэ, бзэ щыдэхуэхкIэ сигу хощI. Ауэ, сыхэкупсэ щхьэкIэ, лъэпкъым ехьэлIа Iуэхушхуэхэм сеувэлIэн хуэдиз жэрдэм къыскъуэкIыу жысIэркъым. Сэ зыщ зызэспщытыфынур, си дежкIэ куэд хъууэ, лъэпкъым и дежкIэ зы мащIэ дыдэу - адыгэпсэ фIэмыкIуэду адыгэбзэ Iурылъу цIыху згъэсэнращ, – къыподжэж ди гупсысэм Заремэ. 
Апхуэдэ гупсысэм тезыгъащIэ бзылъхугъэм, лъэпкъым къудамэщIэ хуэзыщIым, и бынхэм сыт нэхъыщхьэу яхилъхьэну пIэрэт? 
 - ЦIыху хъуну сыхуейщ! Иджыри куэд сыхуейщ, ауэ аращ нэхъыщхьэр! Бын бгъэсэну тыншкъым. И щхьэусыгъуэри, зэпымыууэ уэ езым зыбогъэсэжри аращ. Бейтыгъуэн Сэфарбий и псалъэхэри къыхэзгъэщыну сыхуейщ анэм быным хуиIэ пыщIэныгъэм теухуауэ: «Анэгу нэхъ тхьэмыщкIэ сыт щыIэ, итIани аращ абы и насыпыр здэщыIэр», - къет жэуап бзылъхугъэм. 
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, усакIуэм и мыхьэнэр ди блэкIа жыжьэм ухэплъэжми, ди нобэми, сыт щыгъуи инщ. Абы къыхэкIыу усакIуэр нэхъыщхьэу зытетыпхъэ гурхэри щыIэщ. 
- Пэжщ. Сэ сызэреплъымкIэ, и гум илъыр фэрыщIагъ хэмылъу кърихын хуейщ. Псалъэм папщIэ, сэ усэ стхыуэ си къэдэгъэжым щысхъумэжыну сыхуитщ, сымытхыу щымыхъукIэ. Ауэ, цIыхухэм сащыдэгуашэкIэ, ар си закъуэ сысей хъужкъым – язот «феджэ, кхъыIэ» жызоIэри! Еджэм щхьэж езым ей гуэр къыхихыну хуитщ – езым и дахэ, езым и пэж, езым и блэкIа щилъагъункIэ хъунщ, хэт ищIэрэ. Абы къыхэкIыу, псэ къабзагърэ гум къыIэпыкI пэжрэ хэлъын хуейщ. ИтIанэ, пэж жиIэну лIыгъэ къылъыкъуэкIыпхъэщ усакIуэм. Армырамэ, пцIым хуейр хэт, ари улъаIуэу, – жеIэ зи усэхэр гупсысэ къабзэхэмкIэ гъэнщIа Заремэ. 
Гугъуэт Заремэ и усэхэр хьэуа Iубыгъуэ къабзэ къыIурыуам хуэдэщ. Ар къызыхэкIыр, ди щIэджыкIакIуэхэм гу зэрылъыфтащи, езы Заремэ и дуней тетыкIэращ: пэжыр, къабзагъэр и гъуазэу зэрыпсэуращ. Апхуэдэ цIыху гъэщIэгъуэн ущрихьэлIэкIэ, уи фIэщ мэхъу адыгэлъыр иджыри зэрыкъулейр, цIыху щыпкъэхэр, хэкупсэхэр ди щIэблэм дяпэкIи къазэрыхэкIынур.
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ, Черкесск.
Поделиться: