ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ мэхъу

КъБР-м и Парламентым и депутатхэмрэ абы и лэжьа­кIуэхэмрэ жыгыщIэхэр хасащ, Хабзэубзыху орган нэ­хъыщ­хьэр къызэ­рызэ­ра­гъэ­­пэщ­рэ илъэс 30 зэрырикъум и щIыхькIэ. 
- Жыг хэсэным мыхьэнэш-хуэ иIэщ, ар цIыхум ЩIым ­щигъэзащIэ къалэн инщ. ЦIыхур къэзыухъуреихьыр щхъуантIэу  щытыным, щхъуан­­тIагъэхэр хисэным и сэбэпы­нагъыр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ, зэрыгурыIуэгъуэщи. Ахэр ЩIым и тхьэм­былу жыпIэ хъунущ, дэ дызэрыбауэращ. Апхуэдэ ды­дэ­уи псэущхьэ, къуалэбзу куэ­дым я унэщ.  
Илъэс 30-м къриубыдэу ­КъБР-м и Парламентым и депутатхэм жыг куэд хасащ, апхуэдэ Iуэхухэм зэрыхуэ­жыджэрыр нэрылъагъуу. Ди махуэшхуэм зэрызы­хуэдгъэ­хьэзырым и зы Iыхьэщ нобэ  едгъэкIуэкIа Iуэхури, - жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. 
Мызыгъуэгум амур бархат жыг минрэ ныкъуэрэ хасащ. 
КъБР-м щIыуэпс хъугъуэ­фIы­гъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс къы­хигъэщащ 2023 гъэм республикэм и мэзылъэ щIыпIэхэм жыгыщIэ мин 350-рэ зэры­щыхасэр, илъэсищ лъандэрэ мелуаным щIигъу зэрагъэтIысар. Министрым КъБР-м и Пар­ламентым и депутатхэмрэ абы и лэжьакIуэхэмрэ фIы- щIэ яхуищIащ кърахьэжьэ Iуэхухэр сытым дежи къызэрыдаIыгъым папщIэ. 
Апхуэдэу щIэх-щIэхыу жыг куэд зэрагъэтIысым и фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым исхэр зыщыгуфIыкIын мэ­зыщIэ ди республикэм къы­щыунэхунущ.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться: