«Iуащхьэмахуэ и тхьэмахуэр» - ВДНХ-м

Мэзкуу къалэм и ВДНХ-м мы махуэхэм щекIуэкI «Урысей» дунейпсо выставкэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хухаха и стендым и лэжьыгъэр къызэIуихащ «Iуащхьэмахуэм и тхьэмахуэ» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэмкIэ. Ар екIуэкIащ махуиблкIэ икIи абы къриубыдэу москвадэсхэмрэ къалащхьэм и хьэщIэхэмрэ Iэмал ягъуэтащ туризмэм ехьэлIауэ республикэм иIэ зэфIэкIхэм зыщагъэгъуэзэну икIи ди щIыналъэм ущыIэ фIэкIа умыщIэу, видео экскурскIэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ и щIыпIэ дахэхэр ирагъэлъэгъуащ. 
«ЦIыхухэр нэхъыбэу гъэлъэгъуэныгъэхэм къыщыкIуэр я зыгъэпсэхугъуэ махуэхэрщ, абы къыхэкIыу унафэ щыIащ абыхэм иредгъэхьэлIэу ди щIыналъэр нэхъ куэдым едгъэцIыхуну», – жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Погребняк Ольгэ.
Республикэм и стендым къыбгъэдыхьахэм ди щIыналъэм и ехъулIэныгъэхэмрэ щIыпIэ дахэхэмрэ теухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэмкIэ ядэгуэшащ ди республикэм зыгъэпсэхуакIуэ, нэгузегъэужьакIуэ къакIуэ туристхэм ядэлажьэ Фроловэ Дарье. Абы и хъыбархэр ягъэдэхащ видео зэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ игъэлъэгъуа сурэтхэм. 
Iуащхьэмахуэм и дамыгъэу хаха Бажэ цIыкIур (нэхъ тэмэму жыпIэмэ, бажэ фащэкIэ хуэпа цIыхур) хьэщIэхэм япежьэрт, ахэр ди стендым къришалIэрт, курортым и картэр яхуигуэшырт. Абы и гъусэу сурэтхэр балигъхэми сабийхэми гуфIэжу зытрагъэхырт. Ауэ псоми хьэлэмэт ящыхъуар видео-экскурсиехэрщ. 
ЩIыналъэдж, Урысей географие зэгухьэныгъэм и щIалэгъуалэ клубым и унафэщI Мокаев Тенджыз хьэщIэхэм яхутепсэлъыхьащ туризмэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм. Псалъэм папщIэ, абы яригъэлъэгъуащ альпинист Iэмэпсымэхэр, ахэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэхэр, яжриIащ Iуащхьэмахуэ и щыгум удэкIын папщIэ узыхуеинухэмрэ абы хэлъ щэхухэмрэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щиIэ зэфIэкIхэм гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэм гъэщIэгъуэну икIи гукъинэжу яхутепсэлъыхьащ «Нарзанхэм я ауз» эко-паркым и лIыкIуэ Головченкэ Андрей. 
«Урысей» дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ-зэхуэсым ди республикэм утыку къыщрихьащ туризмэм, мэкъумэшым, щэнхабзэм, промышленностым, IэщIагъэлIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ гъэхьэзырынымкIэ IэнатIэхэм щиIэ ехъулIэныгъэхэр. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Махуэр щекIуэкIынур дыгъэгъазэм и 9-щ. Абы щыгъуэ хьэщIэхэм къыхузэрагъэпэщынущ видео-экскурсиехэр, викторинэхэр, мастер-классхэр, Iэмал ягъуэтынущ ди щIыналъэхэм я ерыскъыхэр зыIуагъэхуэну, ди республикэм теухуа зэпеуэм хэту ди деж пщIэншэу зэрызыщагъэпсэхуну путевкэр къахьыну, сурэт гукъинэжхэр зытрагъэхыну.  
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: