Адыгэбзэр зыджа щIэныгъэлIхэр

 

Услар Пётр

   Кавказ бгырыс лъэпкъхэм я бзэхэм щIэныгъэ лъабжьэ етыным папщIэ зэфIиха лэжьыгъэшхуэмкIэ тхыдэм зи цIэр хыхьа Услар Пётр (1816 - 1878) пащтыхьы­дзэм и генералу щытащ. Абы и дзэ къулыкъум щыщIидзар Дагъыстэнырщ (1837), ауэ 1840 гъэм Петербург игъэзэжащ дзэ хуэIухуэщIэхэм пыщIа щIэныгъэм нэхъыбэу зыщигъэгъуэзэн мурадкIэ. Абы щыIэу офицер щIалэр штаб нэхъыщхьэм хагъэ­хьащ икIи 1850 гъэм аргуэру Кавказым къагъэкIуэжащ, Эривань губернэм и щыты­кIэм тетхыхьын папщIэ.

Илъэс 25-кIэ иужь итащ Услар Пётр и щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэу Кавказым щригъэкIуэкIам, бгырыс лъэпкъхэм щэнха­бзэ зыужьыныгъэ егъэгъуэтыным хуэунэтIауэ щытам. Бгырыс лъэпкъыбзэхэр джыным, абыхэм я грамматикэ зэхэгъэувэным Услар щыхуе­жьар 1861 гъэрщ, абы щы­гъуэ щIэныгъэлIым къыдигъэкIащ абхъазыбзэм теухуа тхыгъэшхуэ.

ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ зрищIылIэ бзэхэм Услар япэщIыкIэ алфавит яхузэхилъ­хьэрт икIи абы лъабжьэ яхуи­щIыр лъэхъэнэм и теорие­щIэ­хэрт. Услар Пётр адыгэ­бзэм и макъ псори убзыхуауэ къызэщIэзыубыдэ алфавит зэхигъэуващ, ар урысы­бзэм, хьэрыпыбзэм, ермэлыбзэм, КъухьэпIэ ЕвропэмкIэ щыIэ бзэ зыбжанэм зэраригъапщэ щапхъэхэри дэщIыгъуу къигъэлъэгъуащ. А алфавитыращ ХьэтIохъущокъуэ Къазий къигъэсэбэпауэ щытар.

Услар и лэжьыгъэшхуэхэу «Абхъазыбзэ», «Шэшэныбзэ» монографиехэм 1863 гъэм Петербург щыIэ ЩIэныгъэхэмкIэ Академием къыхуи­гъэ­фэщауэ щытащ «Демидовым и саугъэткIэ» зэджэр, кавказыбзэхэр джыным хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэм папщIэ 1868 гъэм Услар Пётр ЩIэныгъэхэмкIэ Академием и член-корреспондент хъуащ.

 

Чикобавэ Арнольд

   Куржы бзэ щIэныгъэлI, лингвист-теоретик, иберий-кавказыбзэхэр джынымкIэ къудамэм и къызэгъэпэ­ща­кIуэ Чикобавэ Арнольд 1898 гъэм Сачикобао къуа­жэм (Куржы) къыщалъхуащ. Кутаиси дэт куржы гимназиер (1917), Тбилиси и къэрал университетым философие факультетым бзэхэр щадж и къудамэр (1922) къиуха нэужь, а еджапIэ нэ­хъыщхьэм къагъэнащ «профессор цIэр къызэрыфIащыным адэкIэ хуагъэхьэзырын» папщIэ.

 1933 - 1960 гъэхэм Тбилиси университетым кавказыбзэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу лэжьа Чикобавэ и егъэджакIуэхэр къызэрыщыгугъам хуэдэу филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор (1929), профессор (1933), Куржым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и академик (1941), Куржым щIыхь зиIэ и щIэныгъэрылажьэ (1946), Дагъыстэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым (1968), Абхъазым (1978), Шэшэн-Ингушым (1983) щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Гумбольт и цIэр зэрихьэу Берлин дэт университетым щIыхь зиIэ и доктор (1960) цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ, Инджылызым и филологхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ (1968), Куржым и къэрал сау­гъэтыр тIэунейрэ хуагъэ­фэщащ (1971, 1990), Ломоносовым (1951), Джавахишвили (1980) я цIэхэр зезыхьэ саугъэтхэр къратащ.

1936 - 1985 гъэхэм Чикобавэ и унафэм щIэтащ Куржым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием хыхьэ Бзэ щIэныгъэ институтым иберий-кавказыбзэхэр джынымкIэ и къуда­мэр. Кафедрэми къудамэми я лэжьыгъэхэр зэтезыу­блауэ щытар аращ. 1950 - 1952 гъэхэм Чикобавэ Арнольд Бзэ щIэныгъэхэмкIэ институтым и унафэщI мэхъу, 1950 - 1963 гъэхэм Куржым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и президиумым хэтщ. 1945 - 1964 гъэхэм Чикобавэ и унафэм щIэту лажьэ комиссэм игъэхьэзыра «Куржыбзэм и псалъэгъэнахуэ псалъалъэр» къыдэкIащ, абы и редактор нэхъыщхьэу щытари зи гугъу тщIы академик цIэрыIуэрщ.

 

Яковлев Николай

   ЩIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, кавказыдж, лингвистикэм и теориемрэ и къэгъэсэбэпыкIэмкIэ IэщIагъэлI Яковлев Николай 1892 гъэм Саратов куейм хыхьэ къуажэ цIыкIум къыщалъ­хуащ. Москва дэт университетыр 1916 гъэм къэзыуха, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэр бзэ зэмылIэужьы­гъуэхэм пасэу дихьэхащ.

СССР-м хыхьэ лъэпкъ цIыкIухэм, тхы­бзэ зимыIахэм я бзэхэм папщIэ алфавитхэр зэхэ­гъэувэным, ахэр егъэфIэ­кIуэ­ным, пэжырытхэр гъэпсыным къаруушхуэ ирихьэ­лIащ Яковлевым, абы и нэIэм щIэт зэпыту щытащ кавказ бгырыс лъэпкъхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ джыныр.

   Яковлевым хэлъхьэныгъэ­шхуэ хуищIащ адыгэ-абхъазыбзэм и макъхэр зэрызэхэлъыр, и грамматикэр джыным, адыгэ литературэбзэм и грамматикэр зэхэгъэувэным, адыгэ тхыбзэр гъэпсыным. ЩIэныгъэлIым гулъытэшхуэ хуищIу щытащ кавказ лъэпкъхэм я IуэрыIуа­тэмрэ тхыдэмрэ, ахэр и лъабжьэу бзэмрэ щэнха­бзэмрэ я блэкIамрэ къакIуа гъуэгуанэмрэ зыхуэдэр къипщытащ, абыхэм адрей лъэпкъхэм я тхыдэм хуаIэ пыщIэныгъэхэр къихутащ. Яковлев Николай и IэдакъэщIэкIхэу цIэрыIуэ хъуащ ингуш лъэпкъым теухуауэ 1925 гъэм къыдигъэкIа тхы­гъэр, Европэм, Азием, Америкэм иса пасэрей лъэпкъхэм я бзэ зэпыщIэныгъэхэм (1946), адыгэ щэнхабзэм теухуар (1928), лингвист Iуэху еплъы­кIэхэмкIэ гъэпсауэ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ епха нэгъуэщI лэжьыгъэ куэ­ди.

ТАМБИЙ Линэ.

 

 

Поделиться: