ХадэхэкIыр кърахьэлIэжКъэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ мэкъумэш IуэхущIапIэхэм, фермерхэм, уней хьэрычэтыщIэхэм псори зэхэту хуабэщхэм къыщагъэкIа хадэхэкIыу тонн мини 8,9-рэ кърахьэлIэжащ. Нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар проценти 130-кIэ нэхъыбэщ. Абыхэм къыщагъэкI хадэхэкIхэм я куэдагъым зэрыхэхъуам и фIыгъэ хэлъщ дызэрыт илъэсым и бадзэуэгъуэм «Шэджэм-Агро» теплицэ комплексыр къызэрызэIуахам. Абы еубыд гектар 37,6-рэ. Иджыпсту хуабэщхэм къыщыщIач бэдрэжанхэмрэ нащэхэмрэ. А IуэхущIапIэщIэм КъБР-м и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ – цIыхухэм лэжьапIэ IэнатIэ зэрыщагъуэтым къыдэкIуэу, абы къыщрахьэлIэ хадэхэкIхэр ди республикэми къэралым и нэгъуэщI щIыналъэхэми я сату щIыпIэхэм яIэрохьэ. ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, мыбы хадэхэкIыу тонн мин 20-м нэблагъэ илъэсым къриубыдэу къыщыщIачынущ. И лъэщагъ псомкIи лажьэу хуежьэмэ, а бжыгъэм хэпщIыкIыу хэхъуэнущ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|