Мэзхэр къагъэщIэрэщIэж

2023 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэзхэм щыхасэнущ жыг зэмылIэужьыгъуэу мин 37-рэ. Абыхэм ящыщу 34500-м республикэм и мэз фондым хагъэхъуэнущ - гектар 17-м щагъэтIысынущ. Къанэ 2500-р щыхасэнущ республикэм и жылэхэм къедза щIыпIэхэм, цIыху зыгъэпсэхупIэхэм, къалэ паркхэм. А лэжьыгъэхэм республикэм щыщу цIыху  минищым щIигъу къыхашэну я мурадщ. Апхуэдэ Iуэхухэр къыщыхалъхьэкIэ ди цIыхухэр яфIэфIу хэтщ.

         Жыгхэр хэсэным пыщIа Iуэхухэр ирагъэкIуэкI «Мэзыр тхъумэнщ» къэрал программэм ипкъ иткIэ.

 ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

 

 

Поделиться: