Хьэцыбанэм бжьыпэр иIыгъщ

        

Ди щIыналъэхэм хуэдэу цIыхум яхуэсэбэп къэкIыгъэхэмкIэ къулей къэгъуэтыгъуейщ. Абыхэм ящыщщ хьэцыбанэр. Ахэр зэмылIэужьыгъуэ куэду къыщокI ди мэз лъапэхэм, ныджэхэм, бгы джабэхэм, уеблэмэ щIыпIэ уэххэм. Хьэцыбанэхэм ятет банэ папцIэхэм ахэр щахъумэ Iэщхэм, джэдкъазхэм икIи апхуэдэ зыхъумэжыныгъэм и фIыгъэкIэ дэни зыщаужь.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр къатщтэмэ, нэхъыбэу дызыщрихьэлIэр хьэцыбанэ плъыжьхэрщ. Ахэр я теплъэкIэ зэщхьэщокI. Мэз лъапэхэм къыщыкI жыг къуацэхэр нэхъ лъахъшэщ, куэд къапыкIэ щхьэкIэ, ахэр нэхъ жьгъейщ. Псы Iуфэхэм, ныджэхэм къыщыкIхэм къапыкIэр пIащэщ, нэхъ плъыжьщ. Республикэм и бгылъэ щIыпIэхэм ущрохьэлIэ хьэцыбанэ «фIыцIэкIэ» зэджэми. Хьэцыбанэм пкъыгъуэ сэбэп куэд хэлъщ, аращ дохутырхэм ар хущхъуэ папщIэу цIыхухэм щыхуагъэлъагъуэр. Ди щIыпIэр къапщтэмэ, ахэр щыхъур фокIадэм и кIэрщ, ауэ, дауэ мыхъуми, япэ уэсыр къытримылъхьэ щIыкIэ къыпычын хуейщ, езыхэр къыпылъэлъыжыным нэмыс щIыкIэ.

Хьэцыбанэр бгъэгъу мыхъумэ, бгъэщтынкIэ Iэмал иIэкъым, сыту жыпIэмэ, хущхъуэгъуэу хэлъыр зэуэ хэкIынущ. Аращ жыгхэм щIымахуэм къыщIыпамынэри. «Гъавэм я фIагъыр къыщапщытэ центр»  ФГБУ-м и Кавказ Ищхъэрэ къудамэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щигъэлажьэ IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэм дызэрыщагъэгъуэзамкIэ, хьэцыбанэм и кур, и фэр, и жылэхэр къулейщ цIыхур зыхуей углевод, глюкозэ, сахарозэ, фруктозэ, белок, пектин, липид, каротиноид, флавоноид пкъыгъуэхэмкIэ, мыIэрысэ, лимон, стеарин, пальмитин, линолен кислотахэмкIэ, дагъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ. КъищынэмыщIауэ, витамин С-р псом нэхърэ нэхъыбэу зыхэлъ пхъэщхьэмыщхьэхэм я деж бжьыпэр щиIыгъщ. Псалъэм папщIэ, хьэцыбанэ гъэгъуа грамми 100-м хэлъщ цIыхум и Iэпкълъэпкъыр махуэ 18-кIэ зыIыгъын витамин. Ар санэ фIыцIэм хэлъым нэхърэ хуэди 10-кIэ, лимоным ейм нэхърэ хуэдэ 50-кIэ нэхъыбэщ. Апхуэдэу абы хэлъщ магний, калий, фосфор, натрий, селен, гъуаплъэ, кобальт, гъущI, марганец, молибден, цинк микроэлементхэр.  Хьэцыбанэ шейм иммунитетыр лъагэ ещI, витаминхэмкIэ Iэпкълъэпкъыр егъэнщI, лъыр егъэкъабзэ, щIыIэ, лъатэ, кIэтIий, гу, лъынтхуэ, псантхуэ  узхэмкIэ сэбэпщ.

Хьэцыбанэм къыщIэвыкIа псыр спиртым хэту ефэным лъыр нэхъ лъагэу дрегъэкIуей, псым хэтмэ, кърегъэх. Хьэцыбанэ жылэм къыщIаху дагъэм щIыфэр егъэкъабзэ, уIэгъэхэр егъэкIыж, я лъэужь къэнахэр хегъэгъуащэ, абыкIэ ягъэхъуж экземэ, псориаз, дерматоз, нейродермит узхэр. Стоматит, гиндивит узхэр, мафIэсыгъэ зиIэхэм ар губгъуэ джэдгыным хэлъу къагъэсэбэпыныр нэхъыфIыжщ. Ауэ абы хуэсакъын хуейщ зи гум жьы имыгъуэтхэр, зи лъынтхуэхэм сэкъат, зи лъатэм цIынагъэ иIэхэмрэ зи шхалъэм гуащIэр ебэкIхэмрэ. Апхуэдэу абы ебгъафэ хъунукъым зи ныбжьыр илъэситIым нэмыса сабийхэр.

Шэрэдж Дисэ.

Поделиться: