И чэзум къыфхуэхутэнущ

Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ­хэм ягъэнэIуащ тхьэмбылыр лышхым зэриубыдар къызэращIэ щытыкIэхэр.

ЩэкIуэгъуэ мазэр тхьэмбылыр зыубыда лышхым пэщIэтынымкIэ дунейпсо мазэу къалъытэ. Ар тегъэщIапIэ ящIурэ медицинэм и лэжьакIуэхэм цIыхухэр къыхураджэ а узыфэ шынагъуэм пэщIэтыну, и чэзум къахутэфу зрагъэсэну. 
Гу лъытапхъэщ лышх лIэужьыгъуэу щыIэм уахэплъэжмэ, лIэныгъэ нэхъыбэ дыдэ къызыхэкIыр тхьэмбылым епхар зэрыарам. Абы къыхэкIыу, зи гугъу тщIа щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм цIыхухэр къыхуреджэ къыкIэлъыкIуэну щытыкIэхэм темыплъэкъукIыну: лъы хэлъу Iупс бзаджэ уи бгъэм къытекIмэ; жьы къыппиубыдмэ; уи бгъэгур узмэ; уи макъыр икIамэ, уэд ухъуамэ; къызыхэкIар умыщIэу угукъыдэжыншэмэ; плъыржьэрым ухи­дзэмэ, уи гур пыхумэ, псынщIэу уешмэ -  мыбыхэм ящыщ гуэр зыдэфлъэгъужамэ, терапевт, пульмонолог е онколог зэвгъэплъ, рентген сурэт фи бгъэгум тревгъэх е компьютер томографие евгъэщI. 
- Сыт хуэдэ лышх узыфэми хуэдэу, тхьэмбылым ар къызэреуэлIар нэхъ псынщIэIуэу къэпщIэху, ­нэхъ тыншу пхуэгъэхъужынущ. Зи уз хэтIэсам хуэпщIэфынур мащIэщ. Къыхэгъэщыпхъэщи, мы лIэужьыгъуэр и чэзум къыумыгъэувыIэмэ, хуабжьу къуэпсышхуэхэр еутIыпщ. Ауэ игъуэм къэп­хутар тынш дыдэу операцэ пхуощI, лъэужьыншэуи пхуогъэхъуж, - жеIэ Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и унафэщI Кит Олег. 
Дохутырхэм къыхагъэщ 1 - 2-нэ лIэужьыгъуэм (лышхыр нэхъ щахуэгъэхъуж) иту ар къэпхутэну зэрыгугъур. Сыту жыпIэмэ, зыкIи зыкъыуигъащIэркъым. Аращи, илъэс къэсыху дохутырхэр зыкIэлъыбгъэплъын, рентген зытребгъэхынырщ ­Iэмал закъуэу щыIэр. Псом хуэмыдэу зи ныбжьыр илъэс 40-м щхьэдэхахэм зыхуагъазэ, я узыншагъэм хуэсакъыну.
- Зи тхьэмбылыр лышхым иубыдахэм я процент 90-р тутынафэхэращ. Ар тынш дыдэу зэуэлIэфынухэм ящыщщ зэран зыпылъ лэжьапIэм Iутхэри. Аращи, зи IэщIагъэр цементым, асбестым, сабэм епхахэм нэкIуIулъхьэ зэрахьэн, шхын узыншэ яшхын, зэпымыууэ дохутыр зыкIэлъагъэплъын ­хуейщ. Узыфэ зэрыцIалэ, пыхусыху фиIамэ, абы къыдэкIуэу фи унагъуэм лышх зэфыкI исмэ, ар лъэпкъ узу фиIэмэ, нэхъ набдзэгубдзаплъэу фызы­ху­щытыжыпхъэщ, - къыхегъэщ мы институтым и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщI Харагезов Дмитрий. 
Зэщывмыгъэгъупщэ, тутыныр, кальяныр, вей­пыр IэщIыб фщIымэ, лышхым нэхъ щыхъума фыхъунущ. Илъэс къэс дохутыр зыкIэлъывгъэплъмэ, узыфэ шынагъуэр и чэзум къыфхуэхутэнущ. 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: