ЗыгъэпсэхупIэхэр зэIузэпэщ ящI

Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, «Нэгузегъэужьымрэ хьэщIагъэ хынымкIэ» пэхуэщIэм хиубыдэу ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ухуэныгъэу тIу хьэзыр щащIащ. Паркым и администрацэм и унэм и Iэгъуэблагъэр щIы IэнэщIу щытащ. Абдежым щызэтралъхьэрт паркым илэжьыхь техникэхэмрэ жьы хъууэ къыфIахыжа хъыринэхэмрэ къыпкърахыжа пкъыгъуэхэр, н.къ. А щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ икIи абы къыщызэIуахащ иджырей мардэхэм тету цIыху ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ щIыпIэ щхьэхуэ зыхэт санузел, анэхэмрэ сабийхэмрэ, Iуэхутхьэбзэ зыщIэхэм я пэш щхьэхуэхэр.

ЩIыпIэм къегъэщIылIа утыкум хъыринэщIэхэр, теплъэ гъэщIэгъуэн зиIэ тетIысхьэпIэхэр щагъэуващ, утыкум екIуалIэ лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр тралъхьэри, къагъэнэхуащ. Зыхуей хуагъэза щIыпIэм дэтхэнэ зы сабийми и нэгу зыщиужьынущ, щхьэж дэзыхьэх Iуэхухэми щелэжьыфынущ.

Сабий нэхъ цIыкIухэм папщIэ паркым апхуэдэу щаухуащ «сафари- утыку», ауэ ар къыщызэIуахынур етIанэгъэ и гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэрщ.

Илъэс блэкIам жыг хадэм къыщрахьэлIащ къабзагъэм теухуа нэгъуэщI лэжьыгъэхэри: Налшык псым и Iуфэм пэгъунэгъу лъэс зекIуапIэм и кIыхьагъкIэ щагъэуващ паркыр зэрагъэдахэ гъэпсыкIэм сыткIи хэзагъэ, кIэрыхубжьэрыхухэр зрадзэ контейнер щхъуэкIэплъыкIэхэр.

Зи гугъу тщIа пэхуэщIэм хиубыдэу Булунгу къуажэм къыщызэIуахащ къуажэм и цIэр зыфIаща сафари-парк. Зыхуей псомкIи къызэгъэпэща палаткихым цIыху 30 (тIурытI-плIырыплIу) щIэхуэнущ. Абыхэм хэтщ санузелхэр, псы зыдэгъэжэхыпIэхэр, гъуэлъыпIэхэр щIэтщ. Глэмпингым къегъэщIылIащ шхапIэ, езыхэр щыпщэфIэн, лы щагъэжьэн щIыпIэхэр, куэд дэмыкIыу кафе къыщызэIуахыну я мурадщ. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэпа пкъыгъуэхэр къабзэщ, шынагъуэншэщ. Сафари-паркыр илъэс къакIуэ накъыгъэм ирихьэлIэу къызэIуахынущ икIи ар гъэ псом зэрагъэлэжьэным хэтынущ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: