Ахъшэм зэрыхэкIыжауэ щытар

Мыр езы ди нэхъыжьым жиIэжу зэхэсхыгъати, зэрысщIэжым хуэдэ дыдэу къызоIуэтэж. Зырамыку и автобиографием зэрыритхэжащи, зауэр и кIэм нэсауэ, уIэгъэ хьэлъэ хъури, куэдрэ госпиталым щIэлъащ. Дунейр мамыр зэрыхъужрэ зыкъом дэкIауэ къигъэзэжа нэужьи, зыхуеджа артист IэщIагъэм асыхьэтым иримылэжьэфынкIэ шынагъуэ иIэти, зы илъэс енкIэ къуажэм дэсащ. ИтIанэщ Налшык къыщигъэзэжар.

Зауэм фэбжь хэзыхахэр илъэс къэскIэ зэ медкомиссэм яшэрти, я Iуэху зытетым еплъхэрт: хъужахэр ныкъуэдыкъуэхэм хагъэкIыжырт, мыхъужахэм, а зэманым елъытакIэ, пенсэ пэлъытэу, ахъшэ хъарзынэ къратырт. Зырамыку и лъэдакъэхуэм фочышэ къытехуат, и щхьэми шэр зы нэкIубгъумкIэ къыщыхыхьэщ, къупщхьэ зыкъом зэхикъутэри, сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ, нэзэрыхъэм деж хэнауэ, хирургхэм къахухэмыхыжауэ хэлът. ИкIи ар зэрыхэлъу дунейм ехыжащ.

АтIэ, зэгуэрым а илъэс комиссэ хуэдэм яшауэ, дохутырхэм ящыщ зым Зырамыкур лъэныкъуэкIэ Iуешри къыжреIэ:

- Уэ, Кардангушев, пхуэтщIапхъэ къэнакъым, псори пхуэтщIащи, нобэ щыщIэдзауэ ахъшэ зратыпхъэхэм ухэдгъэкIыжыни укъыхэднэни тлъэкIынущ, дэ Iуэхум дызэреплъщ. Укъыхэнэну ухуеймэ, нэхъыбэIуэ зратынухэм ухэдгъэхьэфынущ, ауэ къуатым и ныкъуэр дэ къыдэптыжыну дызэгурыгъаIуэ.

Зауэм фэбжьышхуэ хэзыхам, гъэр хъууэ нэмыцэIуэм куэдрэ исам, хъыбарыншэу абы илIыхьынкIэ хъуну щытауэ насыпырыхькIэ къелам ар и гум техуакъым:

- Фэстынукъым! - жиIэри пиупщIащ.

Арати, комиссэм и пащхьэ щихутэм, мо Iузышар къотэджри мыпхуэдэу жеIэ:

- КъардэнгъущIыр фэбжь телъу къэкIуэжахэм ящыщщ. Госпиталми щIэлъащ, иужькIэ унэми зыщигъэпсэхужащ. Дохутырхэм хуащIапхъэ псори ящIэурэ, къэралым и собес органми иджыри къэс зыкъыщIигъэкъуащ. Иджы мис, лэжьапIэ Iутщ, и щхьэ епIыж, дяпэкIэ ахъшэ лей щIептын ныкъуэдыкъуагъэ бгъэдэлъыжкъым.

Арати, и ныкъуэдыкъуагъэр зауэм къызэрыхихар нэрылъагъу щхьэкIэ къэмынэу, «ягъэхъужауэ» щытащ. Абы и Iуэхур сыт хуэдизу мынаIуэми, лъаIуэу, дауэу, тхьэусыхэу къикIухьын и щхьэ хуигъэфэщакъым, икIи, жьыгъэкIэ пенсэм кIуэуэ тIысыжыху, зы сом кърату щытакъым, къилэжь улахуэмрэ гонорар гуэрхэмрэ мыхъумэ, ауэ щыхъукIи, и щхьэм шэ хэлъу, и лъэдакъэхуэр зэпыудауэ, жьыр къыпиубыд зэпыту, и шхалъэм сэкъат иIэу, радикулитми пIалъэ-пIалъэкIэ къриуду екIуэкIащ.

- АтIэ, ныкъуэдыкъуапщIэ къыумылэжьауэ къыпфIэщIыжрэт, щхьэ умытхьэусыхэжарэ? - жиIэу абы зыгуэр къыщеупщIым, мыращ Зырамыку жэуапу итыжар:

- А сэ сыкъызэлам зы шэ цIыва закъуэт сыкъэмыкIуэжыххэн щхьэкIэ хуейр. Сэр нэхърэ нэхъ лIыфI Iэджи хэкIуэдащ абы, я цIэ къудей дунейм къытемынэжу. Псэууэ сыкъызэрыкIуэжар икIи ахъшэщ, икIи насыпщ, икIи орденщ, медалщ.

Зи щхьэ и пщIэ фIыуэ зыщIэж адыгэлIым зыхуигъэфэщэжакъым мо хьэжьвакъэжьышххэм запэщIисэу дэуакIуэ утыку ихьэн. Абы щхьэкIэ нэхъыкIи хъуакъым. Хэт ищIэн, апхуэдэ шыIэныгъэ хэмылъатэмэ, а лIы телъыджэм игъэхъа псор къемыхъулIэнкIи хъунт.

Зырамыку и гушыIэкIэхэм ящыщ

Мы хъыбарыр зи ахърэтыр нэху хъун Шэвлокъуэ Пётр жиIэжу зэхэсхащ. ИужькIэ езы Зырамыкуи къезгъэIуэтэжри, зыгуэрхэр згъэтэмэмыжащ. Зэгуэрым Зырамыку зы рассказ итхри, а зэманым къыдэкIыу щIэзыдза «Iуащхьэмахуэ» журналым ихьащ. Абы Iэрытхыр зритар Шырыхъу Хьэмырзэт (цIэмрэ унэцIэмрэ зэхъуэкIауэ къызохь), ар лIыфIт, гуапэт, Iуэхуми фIыуэ хищIыкIырт, ауэ асыхьэтым абы и гушыIэныр къикIри, тхыгъэр къыщищтэм щыгъуэ къыжиIащ:

- Ахьа, Зырамыку, иджы уи Iуэхур си IэмыщIэ илъ хъуакъэ? Сызэрыхуей дыдэу унафэ сщIыну сыхуитщ!

- Ухуитщ, ухуитщ, - жиIэри къыщIэкIыжащ мыдрейри.

ГушыIа щхьэкIэ, Зырамыкум и рассказыр къахутемыдзэурэ, журналым и зы номерыр къыдэкIащ, етIуанэри дунейм къытехьащ.

Хьэмырзэрэ Зырамыкурэ зэхуэзамэ, япэ дыдэм щыгъуэ зэрызэдэгушыIам тету: «Си IэмыщIэм уилъкъэ!» - къыжриIэрт, мыдрейри пыдыхьэшхыкIырт. Зыкъомрэ ишэчащ ар тхакIуэм. Ауэ зэгуэрым Хьэмырзэ зыщIэс пэшым и бжэм зыгуэр сакъыпэурэ къытоуIуэ. «КъыщIыхьэ!» - щыжаIэм, бжэр хуэм дыдэурэ Iуехри, мащIэу зигъэщхъауэ, Зырамыкур бжэщхьэIум нытоувэ:

- Пэж дыдэу, сыныщIыхьэ хъуну? - ЩIэсхэр, КъардэнгъущIыр зэрыактерышхуэр ящIэрти, мыбы сыту пIэрэ дигъэлъагъуну теплъэгъуэр жыхуаIэу, щым хъуащ.

- Сыт щIэмыхъунур, Зырамыку? Си IэмыщIэ уилъми, къакIуэ мыдэ! - жеIэ Хьэмырзи.

А зэманхэм щыгъуэ унэр хьэкукIэ ягъэплъу щытащ, иджырей батареехэр щыIакъым. Зырамыкур лъапэкIэ щытурэ, Хьэмырзэ и стIолым бгъэдохьэри, убзэ пэлъытэурэ жеIэ:

- Уа, Хьэмырзэ, а зэгуэр уэстауэ щыта рассказым зыгуэрхэмкIэ сигу хуэныкъуэщи, зэзгъэзэхуэжынут, къызэптыж хъуну пIэрэ?

- Сыт щIэмыхъунур, зиунагъуэрэ, мис мыбдеж дыдэм телъщ, - жеIэри модрейми, зыкIи шэч имыщIу, Iэрытхыр къещтэри авторым къыхуеший. Зырамыку, а зэрыIэдэбым хуэдэурэ, мэIэбэ, къещтэж, щабэу къикIуэтурэ хьэкум йокIуалIэри, мо зэхэсхэм ящыщ гуэри пэрыуэнкIэ Iэмал ямыIэжу, «ПщIэр сыт, зиунагъуэрэ!» жаIэу зэрыгъэкIийхэу, хьэкубжэр зэIуегъэж аби, тхыгъэр мафIэ гуащIэм пэредзэ. ИтIанэ и щхьэр лъагэу еIэт, и бгъэр кърегъэкIри, стIолыр зейм зыхуегъазэ:

- Ахьа, Хьэмырзэ, уи IэмыщIэм сыкъикIыжакъэ иджы! Си Iуэхущ дяпэкIэ си щхьэр пхуэзгъэщхъыжмэ, - жи.

Хьэмырзи адрей щысахэри къэуIэбжьат, ауэ япэ зыкъэзыщIэжахэм ящыщ зыр къэпсалъэри:

- Уэлэхьи, Хьэмырзэ, Зырамыку лIыгъэкIэ къыптекIуам, - жиIащ. - Ауэ къэхъуар зэбгъэзэхуэжыну ухуеймэ, мыбы щIэс псори дыщыхьэту, зэкIужыпщIэ Iэнэ къэбгъэувыну къыптохуэ. Арати, Iуэхур зэныбжьэгъу зэхуефэкIэ иухыжауэ щытащ.

ГЪУТ Iэдэм.
Поделиться: