ПшахъуэщIым

Пщыхьэщхьэм станцым къекIуэлIэжахэм хъыбар гъэщIэгъуэну мащIэ къаIуэтэжа? Си лъэгуажьэм къыфIэмыкIыну шым сытесу сурэт унэм езгъэхьатэмэ, ПланетэщIэм иныжь сыщыхъуауэ жаIэнтэкъэ? 
Дыкъыщыхута уафэщIым и щIыуэпсым апхуэдизу псэр дихьэхати, къыкIэлъыкIуэ махуэр къысхуэгъэсыртэкъым. Дыкъэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэми сызыхищIэ хуэдэт. «Къызэплъыт иджыри зэ!» жыхуиIэу, уафэр къэхъуэпскIырти, и дунейм щIэрыщIэу сыIуигъаплъэрт. Сыт зэман сыжеижами къысхуэщIэжынутэкъым. УафэхъуэпскIыр си дэджэгуэгъуу сыIурихащ.
Мартин и кхъухьлъатэ цIыкIумкIэ уэгум диту дыздэкIуэм, си нэгу зыщезгъэужьа щIыпIэхэм щIэрыщIэу сыдахьэхыжурэ сахуеплъыхырт. Езы Мартин зыфIимыгъэIуэхуурэ нэбгъузкIэ къысхуеплъэкI мыхъумэ, зыри жиIэртэкъым. Ар зэрынэщхъыфIэм хуабжьу сыщыгуфIыкIырт.
 - Мес дыгъужьхэм укъыздаувыхьар, - къысхуеплъэкIауэ нащхьэ къысхуещI Мартин. Сэри сеплъыхри, сыкъэдыхьэшхащ.
Хы Іуфэми дыблэлъэтащ, щыгъыныджэхэм я хьэгъуэл1ыгъуэр щрагъэкIуэкIа къуэри къызэднэкIащ. Губгъуэшэкъракъым и щIэдзапIэ пшахъуэщIырщ дыщетIысэхар.
Жьыбгъэм исея пшахъуэм ецIэнтхъуэхрэ зэрилъафэ и кIэшхуэр абы фIещэтэхыжу благъуэм ещхь хьэпщхупщ тельыджэ гуэр къэтлъэгъуащ. Абы лъакъуи зэрыщIэтыр пфIэмыхьэлэмэтынкIэ Iэмал зимыIэт. Щхьэхынэурэ здэкIуэм къэувыIэурэ, хъушэу Iут и пхъэхыдзэхэм лъэбжьанэкIэ дотIыхь. Пшахъуэр дрепхъей, зыщхьэпредз. И бгъэгу щхъуантIэр дыгъэм пэлыду, мэгъуэлъри зоудзэIу.
Ди Iэмэпсымэхэр зэрылъ къэлътмакъ цIыкIур зэпщIыхэтхри, сурэт тетхын мурадкIэ дыпежьащ. Зэуэ блэ щIыкIэу псынщIэу лъэныкъуэкIэ и кIэжьыр идзри, пшахъуэм зыхиIэтыкIыурэ ди дежкIэ къэплъащ. Дэри дыкъэувыIэжауэ адэкIэ къэхъунум дыпэплъэрт. Арыххэуи пшахъуэм зыхиудыгъуащ. Зыхиудыгъуэу къэнэжамэ гъэщIэгъуэн къысщыхъурэт? Пшахъуэр и лъакъуэхэмкIэ щIитхъуурэ, псым щIэтIысыкIым хуэдэу, хэбзэхэпаш. Гъунэгъу зыщыхуэтщIам, абдеж къыщытлъэгъуа кумбыр игъащIэ лъандэрэ иIа фIэкI пщIэнтэкъым.
- Ущыгъуазэкъэ ар зихэтыр? - къызэупщIащ щэхуу Мартин. 
- Къытщышынэри зигъэпщкIужащ. ЗигъэпщкIуу къэнэжакъым, щIым щIыхьащ, - сыдыхьэшхащ сэ.
- Абы и мурадыр нэгъуэщІщ. 
Мартин мыжыжьэу къыщылъ пхъэ дакъэжьыр къихьри, кумб лъащIэм хуэмурэ етIысэх пшахъуэм хильхьащ. Пхъэ дакъэр лъащIэм щынэс дыдэм, псэущхьэ шынагъуэр щыблэм хуэдэу къыхэукIри, и дзэхэр шабзэшэу пхъэдакъэ щам хигъэтIысхьащ. Ар къызэрытлъагъуу, тIури сабэр къэдгъэхъейуэ дыкъыщIэпхъуащ. ПшахъуэщIым дыбгъурытурэ мэзыжь гуэрым дынэсащ.
- Иджы, Вагъуэбж, уи адэм и иужьрей махуэхэр щигъэкIуа щIыпIэм дыкъэсащ, - къызоплъ Мартин.
Сэ занщIэу сыкъэуIэбжьащ. Сыгъынуми сыгуфIэнуми къысхуэщIэртэкъым. ДыздэкIуэм Мартини сэри удз гъэгъа ІэплIэ зырыз къитчащ.
Си адэм и кхъащхьэм тэлайкIэ щыму дыщхьэщытащ, Іэ дэтлъэщ, зэман гуэркIэ дыбгъэдэтыжри, дыкъыбгъэдэкIыжащ. «Мыбы щыIэ мыщэхэм Іэ пцIанэкIэ уапэувыфын щхьэкIэ, гушхуэ пкIуэцIылъын хуейщ! Щыгъыныджэхэм я сабийм теуэну мыщэм зридзри...», - Мартин и псалъэхэр зэхэсх-зэхэзмыхт сэ.

Благъуэмрэ Чапкэрэ
 

ПшахъуэщIым къэкIыгъэ щыплъагъуртэкъым. Мартин сэрэ пшахъуэм дыхэтIысхьэри, Іэжьэм дису дежэх фIэкIа дымыщIэну, лъэгум нэсыху дехащ. Нэхъ мывалъэ лъэгу хъууэрэ адрей бгы лъапэм дыщIыхьэри, хуэмурэ нэкIум дыкIэрыхьащ. Абы хэту къызэхэтхащ къуршхэр зыдэпсалъэ макъ шынагъуэ гуэр.
- Ар сыт зи макъыр? Мыпылу пIэрэ? - сыкъэувыIащ сэ.
- Хэт и макъми къэтщIэнкъэ, - жиIащ Мартин, - ауэ, гъэувыIэт уи макъамэр! Къыздэсщта транзисторым аль-Хафез сымэ зэдаIуэр къиIукIырти, хуэм сщIащ. Банэурэ къыджьэхэлъэда Чапкэ егъэлеяуэ кIэзызырт.
- Сыт апхуэдизу укъыщIэщтар, Чапкэ? Дэнэ щыIэ узигъусахэри? Умышынэ, дэ дыкъэбгъуэтыжащ, - жиIэурэ, Іэ дильащ абы Мартин.
Дысакъыпэурэ щыгум дыдэкIырт. Аргуэру къэIуащ а макъ дыдэр. А дакъикъэм сэ гу лъыстащ алъандэрэ бгым щыщ Iыхьэу фІэкIа сымыщIа лъагапIэжьым зызэригъэхъеям.
- Мес ар зи макъыр, - Iэпэ сшиящ лъагапIэмкIэ. Чапкэ гужьеяуэ зысIэщIиудри, лъагап1эжьымкIэ банэурэ шIэпхъуащ. Макъ шынагъуэжьыр аргуэру къэIури, хьэмаскIэ цыкIур зыхуэжэ тхыцІэ быркъуэшыркъуэм и щхьэр къиIэтащ. 
- Благъуэщ! - жиIащ Мартин.
Зи шырыр зыфIэкIуэда благъуэм ещхьу, абы гужьеигъуэу зэщIиха и жьэм хьэмаскIэ дэнэ къэна, мыщэ тыкъырыфI пэщ къыщымыхъуу жьэдэкIэрэхъуэнут.
- «Эльбрус! Эльбрус!» - Мартин пIащIэу ди станцым зыпищIащ. - I25-нэ бгъуэщIым и еплIанэ лъагапIэм деж Вагъуэбжрэ сэрэ благъуэ абрагъуэ дрихьэлIащ. ТхыдэмкIэ цIыхур зыщыгъуазэм къыщымынэу егъэлеяуэ пIащэщ. Ди Iэмэпсымэхэри пэмылъэщынкIэ шынагъуэщ! Экспедицэм хэту зыплъыхьакIуэ ежьа псори щызэхуэвгъэсыж станцым! Ализабет сымэ иремыгузавэ, Чапкэ ди гъусэщ! Къызэрырагъэл кхъухьыр хьэзыру щывгъэт! Ещанэ лъагапIэм иIэ бгъуэнщIагъыр зыгъэпщкIупIэ тщIынущи, дэІэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэ хъумэ хъыбар фэзгъэщIэжынщ!.. 
- Хьэпщхупщ, хьэкIэкхъуэкIэ Iэджи щыпсэууэ къыщIэкIынщ мыбы, Мартин? - жысIащ сэ.
- Пэжынщ, ауэ хэту пIэрэ мы бгъуэнщIагъым и тетыр? ХьэмаскIэр си ІэплIэм къригъэтIысхьэри, уэздыгъэр щІигъэнащ. Мывэ блын лъабжьэм деж щызэхэпщхьэжауэ дыгъужь шыр цIыкIуиплI кIэщIэсщ. ХьэпIацIэ цIум хуэдэу, абыхэм я нэ къэпщIагъащIэхэр нэхум пэлыдырт. - Мыбыхэм дафIэкIынт. Благъуэжьырщ Iуэхур, - къысхуеплъэкIащ, пыгуфIыкIри Мартин.
Ди лъэужьыр къэзыху хьэпщхупщ зэрамыщIэжыр дызыщIэс бгъуэнщIагъым къыщIэпщхьэфынутэкъым. ИтIани сыщтауэ соплъэ. 
Метр щэ ныкъуэкIэ фэкIа нэхъ тпэмыжыжьэну, ар гъунэгъу къытхуэхъуащ. ЛIыгъэм зезгъэхь щхьэкIэ, къэхъунум апхуэдизу сыгузавэу сыпэплъэрти, напIэ дэхьеигъуэри сыхьэту къысфIэщIырт. Ауэ езы благъуэр аркъудеи пIащIэртэкъым.
- Ушынэ си гугъэщ, Вагъуэбж? – къызэупщIащ Мартин. 
- Благъуэр псынщІэу къызэрымыкIуэм щхьэкIэ сызэгуоп, - жысIащ сэ.
- УщIызэгуэпын щыIэкъым, - жиIащ абы. – Пэлъэщынущ ди Iэмэпсымэхэр. Пэмылъэщми дыдэIэпыкъуэгъуншэкъым. 
- Зыкъишиймэ, къытлъэIэсыну гъунэгъу къэхъуащ, Мартин, - сеплъащ сэ электрон Iэмэпсымэр къыздэса бжыгъэм.
- Мис иджы хъунущ, - жиIэри, «тIаркъэ!», кнопкэр трикъузащ. Ди бгъуэнщIагъым къыщIэцIуукIа нэхугъэ мащIэм мыцIыкIуфэкIуу къигъэгубжьауэ, абрагъуэжьым зиукIыжырт. Псывэ къэкъуалъэ зыIуракIам ещхьу, губжьауэ мэгъуахъуэ. ПланетэщIэр къегъэпсалъэ, жыпIэнт а гъуамэм и макъым.
- Текъузэ уи кнопкэри! - къэгуоуащ Мартин. ФIэкIаи хэлъакъым, благъуэжьыр тесабырэжри жей Іувым зэщIиIулIащ.
- Мис иджы хуиту зэпэтплъыхьынщ, - зэсэбауэурэ къэтэджыжащ Мартин. Iуэхур зыIутыр Чапки къищІагъэнут. Ар ди япэ итурэ къыщIэжри благъуэм и ныбэгум щIэпэмащ. Зигъэбэлыхьу и кIэбдз лъакъуэ цIыкIухэмкIэ тIысащи, и щхьэр Iушэ ищIурэ ээпеплъыхь.
Сурэт мащIи ятетхат дэ абыхэм… 

 

 

ПЩЫХЬЭЩIЭ Сэлам.
Поделиться:

Читать также: