ЗэхъуэкIыныгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ

Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитарно-техникэ колледжыр хэтащ «Профессионалитет-2023» къэрал Iуэхум хыхьэу жэпуэгъуэм и 21-м къызэрагъэпэща Зыуэ щыт бжэ зэIухам (ЕДОД). Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ курыт еджапIэхэм я еджакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ, республикэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и еджапIэхэм я студентхэр.

Колледжым къыщызэрагъэпэщащ зыплъыхьакIуэхэр, IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ студентхэмрэ я зэIущIэхэр. Абы хыхьэу, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ачемезрэ адэ-анэхэмрэ я зэIущIи щыIати, къулыкъущIэм адэ-анэхэм яжриIащ зэрырагъаджэ программэхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэр, еджапIэхэр зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэрызэгъэпэщар, зэреджэну пIалъэм къриубыдэу щIалэгъуалэр лэжьэну Iэмал щыIэ зэрыхъуар. Адэ-анэ 300-м щIигъу мы Iуэхум зэрыхэтар и щыхьэтщ я бынхэм IэщIагъэ езытыну хуейхэм я бжыгъэр зэрымымащIэм.

- «Профессионалит» федеральнэ Iуэхур къыхэзылъхьахэм я мурадыр - курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэмрэ экономикэ, социальнэ IуэхущIапIэхэмрэ я къарур зэщIагъэуIуэу, дызыхуэкIуэ зэманым къэралыр лэжьакIуэхэмкIэ къызэрагъэпэщынырщ, - жиIащ колледжым и унафэщI Абазэ Барэсбий. - Урысейм IэщIагъэм теухуауэ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэ 3500-м щIигъу иIэщ. Абыхэм ящыщу еджапIи 130-рэ хэтщ мыгъэрей Iуэхум. УФ-м щекIуэкI зэпеуэм пхыкIыу федеральнэ проектым хэтыну зи насып къихьахэм  ящыщщ ди колледжыр. Зэхыхьэм и къалэныр нобэ еджапIэхэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ я мыхьэнэм еджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ хэгъэгъуэзэнырщ.

Колледжым робототехникэмрэ программированэмрэ теухуауэ щиIэ ехъулIэныгъэхэм еплъащ еджакIуэхэр. Мастер-класс гъэщIэгъуэнхэр ятащ Гъубжокъуэ Анзор (программирование), Куэтэншы Светланэ (администрирование), ХьэщIэлI ФатIимэ (хьэпIацIэщыгъэмкIэ), Мокаевэ Гульнарэ (робототехникэмкIэ), Уянаевэ ФатIимэ (криминалистикэмкIэ), Шаваевэ Шурэ (гъэсэныгъэмкIэ), Гуанэ Маритэ (егъэджэныгъэмкIэ), Гъубжокъуэ Сэймэт (фотороботымкIэ).

Зэхыхьэм хэтащ «Призвание» медицинэ колледжым, КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым я студентхэр, волонтёрхэр, ирагъэблэгъахэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться: