Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я Урысейпсо жылагъуэ-къэрал зэщIэхъееныгъэм дэлэжьэнымкIэ щыIэ Республикэ зэзыгъэуIу совету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м къыдигъэкIа Указ №102-УГ-мкIэ къащтам хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я Урысейпсо жылагъуэ-къэрал зэщIэхъееныгъэм дэлэжьэнымкIэ щыIэ Республикэ зэзыгъэуIу совету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м къыдигъэкIа Указ №102-УГ-мкIэ къащтам хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн, мы къэкIуэнухэр хэгъэхьауэ:

Къулым З.З. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ «Сабиигъуэм и унэтIакIуэхэр» щIыналъэ ресурс центрым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

Шыпш А.М. - Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» Урысейпсо жылагъуэ-къэрал зэщIэхъееныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ щIыналъэ къудамэм и Советым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 17-м

№103-УГ

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхунымрэ я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымрэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Урысей Федерацэм сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ щыIэ шэсыпIэ нэхъыщхьэхэм я IуэхукIэ» 1998 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м къыдэкIа Федеральнэ закон №124-ФЗ-м и 125-нэ статьям и 1-нэ пунктым ипкъ иткIэ унафэ сощI:

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхунымрэ я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымрэ ехьэлIа IуэхухэмкIэ ведомствэ зэхуаку комиссэ къыщызэгъэпэщын.

2. Абы щIыгъухэр къэщтэн:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхунымрэ я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымрэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм теухуа Положенэр;

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхунымрэ я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымрэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм хэтхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м

№104-УГ

Поделиться: