Псэуныгъэр ирагъэфIакIуэ

         Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Псыхъурей жылэм и Малкинскэ, Клиническэ уэрамхэм псыр зрикIуэ бжьамий кхъахэхэр щIэкIэ щахъуэжащ. Къуажэм и щIылъэныкъуэр псы зэфэнумкIэ зыщыгугъыр зы километр зи кIыхьагъ а псы жапIэ зэрыIыгъырщ.

«Псы къабзэ» къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу зэфIагъэкIыну а лэжьыгъэм къыдэкIуэу, псы къыщIэшыпIэщIэ яухуэнущ. Лэжьыгъэ псори мы илъэсым и кIэм яухыну я мурадщ.

          Ислъэмей жылэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр зыхуей хуагъэзэнущ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу. Метр зэбгъузэнатIэ 884-рэ зи инагъ, цIыху 500 зыщIэхуэ клубыр 1957 гъэм яухуат. 2010 гъэ лъандэрэ зэхуэщIауэ щытащ, ущылэжьэну шынагъуэу, абы сэкъатышхуэхэр зэригъуэтам къыхэкIыу. Илъэс 13 хъуауэ къуажэ зэIущIэхэмрэ дауэдапщэхэмрэ  щрагъэкIуэкIын хуей хъурт, шэрхъым тету кърашэкI, къудамэ куэду зэхэт  автоклубымрэ курыт еджапIэхэм я пэшышхуэхэмрэ.

         ЩэнхабзэмкIэ унэм ехьэлIа ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр 2023 - 2024 гъэхэм къриубыдэу зэфIагъэкIыну я мурадщ. Физическэ щэнхабзэмрэ узыншагъэр егъэфIэкIуэнымрэ хуэщIауэ Дыгулыбгъуей дэт комплексым спорт гимнастикэмкIэ центр къыщызэIуахащ. Иджырей спорт IэмэпсымэхэмкIэ зыхуей хуэзэу къызэрагъэпэща IуэхущIапIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъыфIщ. 

        

Шэрэдж Дисэ.

 

Поделиться: