ЩIэмрэ жьымрэ зэдэгъуэгурыкIуэу

Санкт-Петербург щекIуэкIащ «Диныр - иджырей дунейм» зыфIаща II дунейпсо зэхуэсыр. Мэзкуу чыристан дин IуэхущIапIэм и нэIэ щIэту, ар къызэрагъэпэщащ Санкт-Петербургрэ Ипщэ-КъухьэпIэ щIыналъэмрэ я муслъымэн IуэхущIапIэм, Урысейм ис муслъымэнхэм я собранэм, Санкт-Петербург и Правительствэм, Ислъам щэнхабзэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм зыщIэгъэкъуэнымкIэ фондым, Санкт-Петербург дэт къэрал университетым.

Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу советым и лIыкIуэу зэхуэсым екIуэлIахэм яхэтащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталийрэ Кавказ Ищхъэрэм и ислъам университетым и ректор Чочаев Шарафутдинрэ.

Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхубэм зэрахьэ дин пэжхэм я тегъэщIапIэхэм мамырыгъэ, щIэныгъэ, цIыху зэдекIуэкIыкIэ узыншэ фIэкIа, нэгъуэщI Iуэху зэрызэрамыхуэр къигъэлъэгъуэнырт зэхуэсым къалэн зыщищIыжар. Абы щызэхуэсахэр зэдэарэзыуэ тепсэлъыхьащ сыт хуэдэ динми залымыгъэр Iумпэм зэрищIым, абы уасэ зрит псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэхэр пхъумэныр иджырей дунейм узэрыдекIуэкIыпхъэ Iэмалу зэрыщытым. Къызэхуэсахэм я мурадт дызэрыт зэманым цIыхухэр диным зэрахущытым зыщIихъуэжар зэхагъэкIыну, лъэпкъ-дин зэхэгъэжыр къэзыгъэсэбэпыну хуежьахэр къызэрыщIэгъэщыпхъэ щIыкIэхэмкIэ зэдэгуэшэну. Зэхуэсым гулъытэшхуэ щыхуащIащ УФ-м и Президентым къыдигъэкIа, «Урысейм хабзэкIэ къекIуэкI динхэм я тегъэщIапIэхэр хъума щыхъунымкIэ къэрал политикэм и лъабжьэхэр» Указым.

Конференцэм и лэжьыгъэм хэтащ егъэджэныгъэм, къэхутэныгъэ лэжьыгъэм пыщIа къэрал IуэхущIапIэхэм щыщ щIэныгъэлIхэр, къэрал 30-м къикIа дин лэжьакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. ХьэщIэхэр къикIат Перс псыдэуапIэм, Африкэм, Ипщэ-КъуэкIыпIэ Азием. КъинэмыщIауэ, я лIыкIуэ къагъэкIуат Ираным, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Бахърейным, Йеменым, Сауд Хьэрыпым, Алжирым, Мали къэралым. Зэхуэсым и кIэм къызэхуэсахэм IэIэткIэ къащтащ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм и купщIэр щызэхуэхьэса дэфтэрыр.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: