Республикэм къилэжьыж мылъкум хохъуэ

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрийрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Псыхуабэ лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ.

КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ республикэм щыщыIэ со­циально-экономикэ щытыкIэм.  Макроэкономикэм къит бжы­гъэхэм зыужьыныгъэ къагъэлъагъуэ. Мэкъумэш Iэна­тIэм­рэ промышленностымрэ йофIакIуэ, псэупIэ, гъуэгу ухуэ­ныгъэхэр и пIалъэм зэфIагъэкI, республикэм езым къилэжьыж мылъкум хохъуэ. 2019 гъэ лъандэрэ пIалъэ-пIалъэкIэ ула­хуэм хагъахъуэ. ЦIыхухэм я хэхъуэр зэрыдэкIуеямкIи япэ итхэм ящыщщ республикэр, япэ илъэс ныкъуэм ар процент 15,7-кIэ нэхъыбэ хъуащ. 
Турист IэнатIэм зыхуей хуэзэу зеужь. ЩIышылэм щегъэ­жьауэ­ шыщхьэуIу пщIондэ хэгъэгум турист мелуан 1,1-рэ ­къихьащ. Ар нэгъабэ и иджы хуэдэ пIалъэм елъытауэ процент 20-кIэ нэхъыбэщ. Iуащхьэмахуэ лъапэ Урысейм и щIыпIэ нэхъ цIэрыIуитхум хабжэ.  ДяпэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелуан 573-рэ къыхуаутIыпщынущ хьэщIэщ зэщхьхэр ящIын папщIэ. Апхуэдэуи Налшык турист нэхъыбэ дэсыфын хуэдэу хьэщIэщ ину 5 дащIыхь.  
УФ-м и Президент Путин Владимир къыхилъхьауэ щыта лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм цIыхухэм я псэукIэр ирегъэ­фIакIуэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, школи 9, щэнхабзэ IуэхущIапIэу 9, сабий гъэсапIэу 52-рэ яухуащ, узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIэу 14 зэрагъэпэщыжащ, гъуэгу километр  830-рэ зыхуей хуагъэзэжащ.  Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа хъун папщIэ республикэм къыхуаутIыпщащ сом мелард 11.
Президентым и лIыкIуэмрэ Iэтащхьэмрэ тепсэлъыхьащ дзэ Iуэху хэхам хэт щIалэхэм я къулыкъур зэрырахьэкIым, я унагъуэ­хэм я Iуэху зыIутым, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондыр зэры­лажьэм, «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» проектыр гъэзэщIа зэрыхъум. 
КIуэкIуэ Казбек Чайкэ Юрий фIыщIэ хуищIащ Налшык къалэ дащIыхь поликлиникэ инымрэ онкологие диспансерымрэ я ухуэныгъэмкIэ, Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэ хуа­бэщхэр щIынымкIэ, Iуащхьэмахуэ районым щыIэ гипс заводыр егъэжьэжынымкIэ сэбэп къазэрыхуэхъуам папщIэ.  «Шэджэм щащIа хуабэщхэр бадзэуэгъуэм къызэIуахауэ арами, хадэхэкIыр иджыпсту кърахьэлIэж, «Гипсолит» заводми цIыхуи 175-рэ щолажьэ, дяпэкIэ 220-м нэс къащтэнущ», - жиIащ республикэ унафэщIым.

Поделиться: