Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УнафэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2024 гъэр Архитектурэм и илъэсу щыгъэувыным зыхуэгъэхьэзырынымкIэ икIи ар егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет зэхэгъэхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2024 гъэр Архитектурэм и илъэсу щыгъэувыным зыхуэгъэхьэзырын икIи ар щрагъэкIуэкIын мурадкIэ: 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2024 гъэр Архитектурэм и илъэсу щыгъэувыным зыхуэгъэхьэзырынымкIэ икIи ар егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет зэхэгъэхьэн. 2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2024 гъэр Архитектурэм и илъэсу щыгъэувыным зыхуэгъэхьэзырынымкIэ икIи ар щегъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр къэщтэн. 3. Мы унафэм и 1-нэ пунктым къыщыгъэлъэгъуа къызэгъэпэщакIуэ комитетым: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2024 гъэм Архитектурэм и илъэсыр щегъэкIуэкIыным хиубыдэ Iуэху нэхъыщхьэхэм я планыр зэхилъхьэн икIи къищтэн хуейщ; Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэмрэ щIыпIэ самоуправленэм и органхэмрэ я гъусэу планым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр ягъэхьэзырыныр икIи ирагъэкIуэкIыныр къызэригъэпэщын хуейщ. 4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм цIыхубэм хъыбар зэрырагъащIэ IуэхущIапIэхэм мы унафэм и 3-нэ пунктым щыубзыхуа Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуэныр къызэригъэпэщын хуейщ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек. Налшык къалэ 2023 гъэм фокIадэм и 21-м №282-РГ
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
|