Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 2023 гъэмрэ планкIэ 2024, 2025 гъэхэм я лъэхъэнэмрэ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IэнатIэхэм унафэщIым гъэсэныгъэмкIэ, сабий жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и чэнджэщэгъухэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным хуэгъэза Iуэхухэр финансхэмкIэ щIэгъэбыдэным трагъэкIуэдэну я пщэ далъхьэжахэм ахъшэкIэ зыщIэгъэкъуэн мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертхэр муниципальнэ район, къалэ округхэм я бюджетхэм ятегуэшэным теухуауэ

2023 гъэм фокIадэм и 18-м Налшык къалэ №197-ПП
Курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IэнатIэхэм унафэщIым гъэсэныгъэмкIэ, сабий жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и чэнджэщэгъухэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным хуэгъэза Iуэхухэр финансхэмкIэ щIэгъэбыдэным трагъэкIуэдэну я пщэ далъхьэжахэм ахъшэкIэ зыщIагъэкъуэн мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхэкI  нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертхэр муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ зэрыхуатIыпщ икIи зэрытрагуашэ Хабзэхэу «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м къыдигъэкIа унафэ №86-ПП-мкIэ къащтам и гуэдзэн №16-м къыщыхьахэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 
унафэ ещI:                                                                                                                                                                       2023 гъэмрэ планкIэ 2024, 2025 гъэхэм тещIыхьа лъэхъэнэмрэ унафэщIым гъэсэныгъэмкIэ, сабий жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и чэнджэщэгъухэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным хуэгъэза Iуэхухэр финансхэмкIэ щIэгъэбыдэным трагъэкIуэдэну я пщэ далъхьэжахэм ахъшэкIэ зыщIагъэкъуэн мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхэкI нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертхэр муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я бюджетхэм зэрытрагуэшэну щIыкIэу къыхалъхьар къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Поделиться: