Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м къыдигъэкIа унафэ №256-ПП-м къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм     фокIадэм и 11-м     Налшык къалэ     №190-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм зэрызиубгъум къыхэкIыу зэфIэува щытыкIэ мыщIагъуэм и зэранкIэ икIи унагъуэхэм я кIэрыхубжьэрыху быдэхэм елэжьыным теухуа коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэм егъэщIылIауэ ягъуэт хэщIыныгъэхэм ящыщ Iыхьэр ирагъэкъужын папщIэ унагъуэхэм я кIэрыхубжьэрыху быдэхэм елэжьынымкIэ щIыналъэ операторым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхэкI субсидиехэр зэрыхуаутIыпщыну Хабзэм и IуэхукIэ» 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м къыдигъэкIа унафэ №256-ПП-м («Официальная Кабардино-Балкария», 2020, №44) къару имыIэжу къэлъытэн.
 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 29-м къыдигъэкIа унафэ №96-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм     фокIадэм и 12-м     Налшык къалэ     №193-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и IуэхукIэ» 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 29-м къыдигъэкIа унафэ №96-ПП-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм мы унафэм къыщыгъэлъэгъуа и къалэныр хуагъэува лэжьакIуэ бжыгъэмкIэ, апхуэдэуи и къалэнхэр республикэ бюджетым Министерствэм хуаутIыпщыну къигъэлъэгъуа ахъшэ бжыгъэмкIэ игъэзэщIэну гъэувын
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №107-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм     фокIадэм и 12-м     Налшык къалэ     №194-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу илъэс къэс ахъшэхэр зэрыщрат Хабзэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2023 гъэм гъатхэпэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №34-ПП-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №107-ПП-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн.
 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ 1энат1эм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм     фокIадэм и 15-м     Налшык къалэ     №196-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м къыдигъэкIа унафэ №86-ПП-мкIэ къищтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
Поделиться: