Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ШэсыпIэ фонд» мыкоммерцэ зэгухьэныгъэм и Попечительскэ советым хэтхэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ШэсыпIэ фонд» мы коммерцэ зэгухьэныгъэр шэсыпIэ зыхуригъэувэну хущIэкъуу хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ езыгъэкIуэкIхэм я проектхэм хэплъэнымкIэ комиссэм хэтхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

 

2023 гъэм фокIадэм и 11-м                      Налшык къалэ                 №185-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ШэсыпIэ фонд» мыкоммерцэ зэгухьэныгъэм и Попечительскэ советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2009 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №151-ПП-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Попечительскэ советым мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн:

Белецкая О. В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ зегъэужьынымкIэ, зэпеуэ щыIэнымкIэ и департаментым и унафэщIыр

Джатэ А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ дэзыIыгъ IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и къудамэм и унафэщIыр (Попечительскэ советым и секретарщ)

б) Попечительскэ советым хэгъэкIын Бэшорэ Р. А., Гуртуев Э. С.

2. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ШэсыпIэ фонд» мыкоммерцэ зэгухьэныгъэр шэсыпIэ зыхуригъэувыным хущIэкъуу хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ езыгъэкIуэкIхэм я проектхэм хэплъэнымкIэ комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2010 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м къыдигъэкIа унафэ №224-ПП-мкIэ къащтам хэтхэм мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) комиссэм хэгъэхьэн Белецкая О. В - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр-Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ зегъэужьынымкIэ, зэпеуэ щыIэнымкIэ и департаментым и унафэщIыр (комиссэм и секретарщ);

б) комиссэм хэгъэкIын Бэшорэ Р. А.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.

Поделиться: