Жыгхэр хасэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIV зэIущIэшхуэм и пэ къихуэу, ХьэтIохъущо­къуэм и жыг хадэм фокIадэм и 18-м къыщызэIуахащ «Зэныбжьэгъугъэм и лъэс лъа­гъуэр». 

Жыг 17 хасащ ДАХ-м и Конгрессым хэтыну къэкIуахэм. Япэ жыгыр хасащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ. Къы­кIэ­лъыкIуэхэр ягъэтIысащ Амман (Иордание) щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ, генерал-лейтенант Дыгъужьокъуэ Мухьэмэд, Сирием и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Шорэ Гъэсан, Европэм щыIэ х­асэхэм я федерацэхэм я унафэщI Вэрокъуэ Зати, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шапсыгъым, Мэздэгу, Ставрополь щIыналъэхэм щызэхэт адыгэ хасэхэм я лIыкIуэхэм. 
Абдеж щекIуэкIа зэIущIэм мы Iуэхугъуэм теухуауэ къыщыпсэлъащ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Дыгъужьо­къуэ Мухьэмэд, Шорэ Гъэсан, Вэрокъуэ Зати, «Вече», «Алан» зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэм я къуэ­дзэхэр.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэм цIыху куэд къе­кIуэ­лIат, хьэщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ Бжьы­хьэлI Замир зи унафэщI «Шэрджэс» сабий къэфакIуэ гупым. 
КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.

Поделиться:

Читать также: