Фадэмрэ лэжьапIэмрэ

А тIур зэзэгъыркъым, сыт хуэдэ  зэманми   зэзэгъыу щытакъым. Пэжщ,  дэ ди нэгу щIэкIащ фадэм и бий бэнэныгъэр егъэлеяуэ ягъэткIияуэ щыщыта  лъэхъэнэри, тIэкIу нэхъ къыщагъэлэлари.  ИкIи ар жылагъуэм и дежкIэ сыт   хуэдэ щIыкIэкIи псэукIэр къэзылъахъэу екIуэкIащ.

 Иужь илъэсхэм ди къэралым фадэу щрафым хэпщIыкIыу кIэрыхуащ. Абы и лъэныкъуэкIэ          УФ-м  дунейм  щиIыгъыр 56-нэ увыпIэрщ (наIуэу зэрыщытщи, мыпхуэдэ «зэпеуэм» Iэмал зэриIэкIэ  нэхъ икIэкIэ ущытыныр ехъулIэныгъэшхуэщ). АрщхьэкIэ фадэр ди гъащIэм хэкIакъым. Апхуэдэ Iуэхуи властхэми цIыхухэми зэрахуэркъым. Ауэ ефауэ лэжьапIэ IэнатIэм пэрытыныр иджыри а зэрамыдэм хуэдэщ. Абы папщIэ уи лэжьапIэм уIуагъэкIынри  зыми щыщкъым.

 Иджыблагъэ УФ-м и Суд нэхъыщхьэр щыхьэт техъуащ: «IэнатIэ къезытыр хуитщ  чэфу лэжьыгъэм пэрыт цIыхур IуигъэкIыну. Мыбдежым  щыIэмалыншэкъым зэрефар  зыгъэбелджылы медицинэ дэфтэр иIэнри: апхуэдэр IуагъэкIыфынущ Iуэхум и пэжыпIэр сэтей къэзыщI нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэхэмкIи».

 ЛэжьапIэм къыщаIэт стэканым дзакIэ зэмыщхь куэд иIэщ. Гупу щыщыткIэ, зэгъусэу ягъэлъэпIэнкIэ мэхъу, псалъэм папщIэ, ИлъэсыщIэр къызэрихьэр е пщIэ  зыхуащI лэжьакIуэр къыщалъхуа махуэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэхэм деж псоми я нэхэр  яуфIыцI.  АрщхьэкIэ  ефауэ  лъэщапIэхэм бгъэдыхьэ  цIыхур шынагъуэщ, псом япэу езым и узыншагъэм, хэбгъэзыхьмэ, и  гъащIэм и дежкIэ. Къапщтэмэ, мы гъэм и мазаем Алатыр тхылъымпIэ фабрикэм пхъащIэр метри 4-кIэ ехуэхри, бетонкIэ къигъэжыкIа лъэгум техуащ. Тхьэмахуэ  зэхуаку зыбжанэ дэкIа иужь ар сымаджэщым  щIэлIыхьащ  (судым IуэхущIапIэм и унафэщIым илъэсрэ ныкъуэрэ трилъхьащ, тезырыр лъэхъуэщым имысу ирихьэкIыну – ар ягъэкъуэншащ ефа цIыхур лэжьыгъэм пэрыхьэну хуит зэрищIам къыхэкIыу).

 Орел областым щыщ ухуакIуэр чэфу епщыкIуплIанэ къатым къехуэхащ. Мыбыи жэуапым  щрашэлIащ ухуэныгъэм зи нэIэ  тезыгъэт къулыкъущIэр. Чита и зоопаркым лэжьакIуэ ефам и зэранкIэ гъуэм къыщижащ пумэ хьэкIэкхъуэкIэр. А лэжьакIуэм и ефэгъур хущIэкъуащ а джэдуушхуэр къиубыдыжыну, арщхьэкIэ къызэхифыщIащ. АтIэ, хуит хъуа пумэм сабий пэщIэхуамэ дауэт зэрыхъунур?

Ефам шынагъуэ зритыр езым и гъащIэм икIи узыншагъэм я закъуэкъым. Амур Iус Комсомольск (Хабаровск край) и авиазаводым чэфу дыхьэ лэжьакIуэхэм зэпкъралъхьэну пкъыгъуэхэр зыхуэдэнур уи нэгу къыщIэбгъэхьэну гугъущ. Абы щыгъуэми,  2023 гъэм и япэ зэхуэдитIым IуэхущIапIэм  и щIыхьэпIэм и деж  ефауэ лэжьакIуэ кIуэ цIыху 19 къыщагъэувыIащ. ИужькIэ заводым и унафэщIхэр лъэIуэн хуей хъуащ фадэр щащэ тыкуэныр IуэхущIапIэм пэщIахыну.  Ауэ абы и закъуэ сэбэп хъуну?

 Урысейм и Суд нэхъыщхьэр щхьэ а Iуэхум хыхьэн хуей хъуа? Псори къыщежьар Санкт-Петербург щыIэ «Красный Октябрь» заводым и лэжьакIуэрщ. Езым и цIэджэгъуу  Москва дэт IэфIыкIэ фабрикэм хуэдэкъым  абы къыщIигъэкIыр, атIэ вертолетхэм, кхъухьлъатэхэм я пкъыгъуэхэрщ.  Апхуэдэ лэжьакIуэм и IэдакъэщIэкIыр шынагъуэкъэ?

Заводым  и Iэтащхьэхэм слесарыр  чэфу къалъытэри, ар ягъэкIуащ фадэ ефарэ емыфарэ щызэхагъэкI щIыпIэм. Модрейм идакъым пэжыр къащIэн папщIэ дохутырхэм сом 1600-рэ яритын: абы къилъытащ ахъшэр зыгъэкIуахэм я жып къикIын хуейуэ. ЛэжьакIуэр IуагъэкIащ. Мыдрейр судым хуэутхьэусыхащ: «сызэрефам щыхьэт техъуэ щыIэкъым». ЦIыхум къигъэувырт и лэжьапIэ IэнатIэм пэрагъэхьэжыну, езым и мызэранкIэ зэрымылэжьам пэкIуэхэри къратыжыну.

 Япэ судыр къэуващ абы и телъхьэу: лэжьакIуэр чэфу и IэнатIэм зэрыпэрытам  фIэкIыпIэ  имыIэу щыхьэт техъуэ гуэрхэр щымыIэу къилъытащ.

IуэхущIапIэм и юристхэм захуагъэр ищхьэкIэ щыIэ судхэм къыщалъыхъуэну мурад ящIащ, арщхьэкIэ абыхэми слесарыр аргуэру  щытекIуащ. ИкIэм-икIэжым Iуэхур Суд нэхъыщхьэм и деж нэсащ. Абы къищта унафэм къыщигъэлъэгъуащ: «ЛэжьапIэ къезытым цIыхур ефауэ къилъытэфынущ, дохутырхэр щыхьэт зытехъуа дэфтэр щымыIэми. Абы лэжьакIуэр зэрефар нэгъуэщI IэмалхэмкIи  зэхигъэкI хъунущ». Суд нэхъыщхьэм апхуэдэу жиIащ лэжьакIуэм и медэкспертизэм текIуадэр итыну IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщым зэримыкъалэныр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, къулыкъущIэм лэжьакIуэр IуигъэкIыфынущ, ар  зэрычэфым щыхьэт техъуэ дэфтэр имыIэми. Апхуэдэ  бгъэдыхьэкIэр дэпщыпIэу щымыту пIэрэ фадэм дихьэх лэжьакIуэхэм еныкъуэкъун папщIэ? ИтIанэ сыт зищIысыр «нэгъуэщI Iэмалхэр»? Языныкъуэ юристхэм къалъытэ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр унафэщIым езыр зыхузэгуэп лэжьакIуэр лъэныкъуэ иригъэзын папщIэ къигъэсэбэпыфыну. Псалъэм и хьэтыркIэ, езым  и IупIэфIэгъу  зыбжанэ щыхьэту къигъэувмэ, зэфIэкIащ.

АрщхьэкIэ юрист Бабич Олег и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, «ефа лэжьакIуэр IубгъэкIыну апхуэдэу гугъукъым: зэдауэ къыхэкIмэ, ар чэфу зэрыщытар сэтей къащIыжыфынущ сыт  щыгъуи. Мыбдежым щынэхъыфIыр хэкIыпIи дэпщыпIи  къамылъыхъуэу, зыри емыфауэ я лэжьапIэ IэнатIэ Iухьэнырщ.

Мыри гъэщIэгъуэнщ. ЦIыхухэм зэреупщIам къигъэлъэгъуащ сыт хуэдэ IэщIагъэ зиIэхэр нэхъ  ефэрейуэ къалъытэми. Бжьыпэр яIыгъщ сантехникхэм, хьэлъэзехьэхэм, ухуакIуэхэм, пхъэнкIакIуэхэм. Дохутырхэр етIуанэщ. Ещанэу къокIуэ къарузехьэ IэнатIэхэм пэрытхэр. УнафэщIхэмрэ  топ-менеджерхэмрэ еплIанэщ, абыхэм зымащIэкIэ къакIэроху 5-нэ  увыпIэр зыубыда актерхэр, сурэтыщIхэр,  уэрэджыIакIуэхэр, дизайнерхэр.

                             Махъшокъуэ Мухьэмэд.

Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ