ЕрыскъыхэкI «дахэхэр»

Ди лъэпкъ хабзэхэм адыгэ шхыныгъуэхэм увыпIэ лъагэ щаубыду къокIуэкI. Псом хуэмыдэу абы гу щылъыптэр гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм дежщ. Нэхъыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, хьэгъуэлIыгъуэ, тхьэлъэIу, гущэхэпхэ ирехъуи, псори тынш дыдэу зэфIэкIырт. ПщэфIэным хуэIэкIуэлъакIуэ хьэблэдэсхэр зэхуэсырти, шхын гъур матэ зыбжанэ ягъажьэрт, хьэлыуэ Iэнэ яубэрт, Iэщ псоми щызэрахуэкIэ, нышыр хьэзырыххэт… ХьэщIэ Iэнэхэм тетыр сыт жыпIэмэ - IэфIыкIэ, лы гъэва, гъэжьа къытрагъэувэрт. Абы кхъуейжьапхъэ езыщIылIэхэри гъунэжт, нартыху хьэжыгъэ хаудамрэ тхъу къабзэм и мэ гуакIуэмрэ ублэкIынкIэ Iэмал имыIэу. Псом ящхьэрати, ерыскъыхэр къабзэт - лыр лыт, джэдыкIэрыпщыр джэдыкIэрыпщт, къызыхащIыкIымрэ къыздикIамрэ пщIэуэ.

Китай лъэпкъым къыдокIуэкI зы псалъэ Iущ: псом нэхърэ нэхъ сэбэп хущхъуэр фи бжыхь джабэм къыщыкIауэ кIэщIэтщ… Ерыскъыри аращ - псом нэхърэ нэхъ ерыскъы узыншэмрэ нэхъ гуакIуэмрэ нэгъуэщI щIыпIэ къикIынкIэ Iэмал иIэкъым. Ар уи лъэпкъым, уи унагъуэм къыдекIуэкIарщ. Мы дуней псом, ядэ-ямыдэми, зы лъэпкъ тету къыщIэкIынкъым адыгэхэм хуэдэу ерыскъы къабзэ зезыхьа. ЛIэщIыгъуэ куэдкIэ къадекIуэкIа я теплъэ дахэмрэ уардэмрэ къыщежьэжри а ерыскъы къабзэрат.

Иджырей хьэгъуэлIыгъуэр йокIуэкI. ЦIыхуу къекIуалIэр дахащэу зыщыхуэпыкIащ, яшхынрэ ящIэнрэ зэрагъуэтыр нэрылъагъуу. ГуфIэгъуэ Iуэхухэр щызэфIагъэкI унэхэр апхуэдизкIэ куэдщи, узыхуейр къахэх - уи Iуэхур пхудахынущ, дунейм тетри темытри, езыхэм къагупсыса нэхъ хэмылъам, къыпхурапщэфIыкIынурэ Iэнэхэм дахащэу къыпхутрагъэувэжынущ. А  «ялъагъу мыхъу КъухьэпIэм» и щапхъэм тету, зы тепщэчышхуэ къыббгъэдагъэувэнущ, Iэмал имыIэу уи Iэм IэщIэлъын хуей гуахъуэмрэ сэмрэ къыбгъурылъу. Я щхьэм дзыхь трамыщIэж щIыкIэу, зыр зым хуоплъэкIри, дэлэн пщтыр къахьар щIэкIыу гуахъуэрэ сэкIэ яшхыу щIадзэ…

 Ар, узэрыхуейм хуэдэу, гуахъуэкIэ е IэкIэ щхьэ мыхъурэ пшхы? - зыкIи нэхъ емыкIукъым. Ауэ щыхъукIэ, япэ дыдэу а Iэнэм щызекIуэн хуей зыIыгъыкIэ мардэхэр къыщежьамрэ къезыгъэжьахэмрэ езыхэм я хъыбар щхьэхуэ яIэжщ … Тщыгъупщэн хуэмейр зыщ - ар зейхэм шэрджэсхэр, япэ имытамэ, зэи къакIэрыхуу щытакъым, уеблэмэ абыхэм ящыщ зы цIыху цIэрыIуэщ «а щIыналъэм щыпсэухэм «мыаристократ» яхэткъым» жызыIэгъар. АтIэ уэ ууей дахэр пхъумэн щхьэкIэ, адэ-модэкIэ уеплъэкIыу щхьэ уежьэжын хуей, зэ зы лъэпкъымкIэ зыбдзрэ абы я хабзэм зыгуэр къыхэппIэскIукIыу, зэм адрейм еймкIэ уIэбэу, абы щыгъуэми, уи лъэпкъым къыдекIуэкIар щапхъэ зытрахым хуэдэу.

Абы и зы щапхъэ дахащэщ, дуней псом щхьэщэ зыхуащIа Гагарин Юрий къыдекIуэкIа хъыбарыр. Инджылызым и пащтыхь гуащэм и пащхьэми ар щытетащ езым къыдекIуэкI хабзэм: шейм хэлъ лимон бзыгъэр IэкIэ къыхихри, зэрыхуейм хуэдэу ишхащ, абы щхьэкIи ар зэрыхьа унагъуэм и пщIэр нэхъ лъахъшэ щыхъуакъым, уеблэмэ езыхэми зыкъыдрагъэкIуащ, щэн лъагэ зэрахэлъым и щыхьэту.

Iэнэм тет ерыскъыгъуэхэр, псом хуэмыдэу хадэхэкI, пхъэщхьэмыщхьэ зэмылIэужьыгъуэ куэду зэхэупщIэтахэр, псори дахэщ, IэфIщ. Жэгундэ, пхъы, джэдыкIэ, джэш щхъуантIэ, цIыкIу-цIыкIуу упщIэта лы - ар зыращ. Абы къыбгъурытым апхуэдэ къабзэу щызэхэлъщ нартыху фIэIур, прунжыр, удз щхъуантIэхэр, баклажан, бэдрэжан, Iэгъэбэгу, лы… Иужьрейм фошыгъу хэлъыжщ, лыри IэфIу. ГурыIуэгъуейщ апхуэдизыр зэхалъхьэ щIэхъуар. ШхапIэ къэс езым я  «зэхэлъ» яIэжщ, сэбэп-мысэбэпми. «Нобэризэм сыт къыдищIэн, махуэ къэс щыдмышхкIэ», - ар жытIэурэ псоми додзакъэ, апхуэдэрыххэурэ ди гъащIэм хэпща мэхъу.

 Ахэри псори къытхуэзыхьар КъухьэпIэ къэралыгъуэхэрщ. Къапщтэмэ, Чехым и шхапIэхэм лы шыугъэ фыщрихьэлIэну фыщымыгугъ. IэфI щIэлъущ зэрагъэхьэзырыр. Абы емысахэмкIэ ар икъукIэ шхыгъуейщ, ауэ гъэщIэгъуэнракъэ, ди шхапIэхэми ар къэсу хуежьащ, зыфIэфIхэри щыIэу. ЦIыхур псоми йосэ - аращ нэхъ шынагъуэр.

Къэралыр лъэлъэжа нэужь дуней псор «зэгъусэ» щIын хуейуэ къыхэзылъхьахэм я Iуэху еплъыкIэм кърикIуащ лъэпкъыу щыIэм я ерыскъыгъуэхэр дэни пэрыхьэту щыIэн хуейуэ - мылъкум тещIыхьащ. Пэжщ, псоми уеплъыну, ууейм ар еплъытыну, нэхъ уи гум ирихьар уэри къэпщтэну зыми къыппиубыдыркъым. Шынагъуэр апхуэдиз шхыныгъуэщIэ зэхалъхьэм цIыхур зэрыдекIуэкIынумрэ абы кърикIуэнкIэ хъунумрэщ.

 Лъэпкъ къэсыху езым и щIыналъэ иIэжщ, пыщIэныгъэ ин хуиIэу. Ерыскъыри аращ. ИгъащIэми жаIэ, цIыхум сэбэп хуэхъури къару къыхэзылъхьэри лъэпкъ шхыныгъуэхэр зэрыарар, уеблэмэ узыфэ куэдыр щигъэхъужыпи щыIэу. Ар нэхъыжьхэм къагуроIуэ. ПсыIэфIымрэ псынщIэрыщIэу ягъэтэджа щIакхъуэхэкIхэмкIэ шэджагъуашхэр къезыхьэлIэ щIалэгъуалэм ар къагурыбгъэIуэну гугъу щыхъуа зэманым дынэсащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм иджыпсту кхъуейжьапхъэ пхуашхынукъым, а зи гугъу тщIа пкъыгъуэ куэду зэхэлъ, къэуати зыщIэмылъ  салатхэр къэнауэ. Ямылейуэ бэта цIыхухэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ. Абыхэми лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ я гупэр ягъэзэным и пIэкIэ, апхуэдэ щытыкIэр мардэ тэмэму фIэкIа къащымыхъуу йосэ. Ар къызыгурыIуэу, щытыкIэр зыхъуэжыну хуейхэм, зэрыфлъагъущи, къыхуагъэлъагъуэ «шхэкIэ хэха» телъыджэлажьэхэр, цIыхумкIэ а псори зэрызэранри пIалъэ кIэщI фIэкIа хуэмейуэ а зыкIэрадза лыр щIэрыщIэу къызэращтэжынури фIы дыдэу ящIэ пэтми. АтIэ ахэр хуейуэ пIэрэт адыгэ шхыныгъуэхэм нэхърэ нэхъыбэ? Абыхэм я дэтхэнэми пщэфIыкIэ щхьэхуэ яIэщ, халъхьэ пкъыгъуэ къэс цIыхум и узыншагъэмкIэ мыхьэнэ ин иIэу. Адыгэхэр дунейм тет нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщу къыщекIуэкIкIэ, абыхэм ямыщIэр хэтыт зыщIэр… Шхын узыншэ зиIэ лъэпкъыр и теплъэкIи дахэт, уардэт, узыншэт. Апхуэдэхэм хуэмейхэр нобэ Iэрыхуэу мэлажьэ.

Дыгъуасэ дагъэр зэрану жызыIэу цIыху цIыкIур салатхэм тезыгъэтIысхьахэр нобэ къоуври, зыуи къащымыхъуу, жаIэ хадэхэкI куэдым холестериныр къазэрыдэкIуэр, абы къыхэкIыу, дагъэ зыщIэлъхэми къапэпкIухь зэрымыхъунур. ЦIыхум ар зэхах, ауэ абыхэм зэтемыхуэу жаIэ псом дерс къыхахыну елIалIэркъым, теплъэ дахэ зиIэ псори яшхынущ, къэхъур къэхъуауэ, апщIондэху зым мылъку ещI, адрейм и узыншагъэр абы тыхь яхуещI.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ