Лъэпкъ махуэшхуэм и мыхьэнэр

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ къыхалъхьа Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и УнафэщIхэм даIыгъри, иджыри зы гуфIэгъуэ къэунэхуащ 20I3 гъэм. Мы гъэм илъэсипщI хъуауэ дгъэлъапIэ махуэшхуэм адыгэу дунейм тетым я дежкIэ мыхьэншэхуэ иIэщ.  

Лъэпкъ махуэшхуэ зэраIэм щогуфIыкI къэрал 52-м щикъухьа адыгэр. Сыт хуэдизу дунейм зимыхъужми, лъэпкъым хэхъуэми, хэщIми, а махуэшхуэр яIэт  цIыхум и пщIэр къыщыгурыIуэжрэ къызыхэкIам и пащхьэм щихь жэуапыр иджыри зэ щызэхищIэж махуэу. А махуэр лъэпкъым и тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр къызэрыщ гъуджэу жыпIэ хъунущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, уи лъэпкъым къыдекIуэкI а хъугъуэфIыгъуэ псоми иджыри зэ гу лъыботэж, ар нэгъуэщIхэм зэребгъэлъагъун Iэмалхэр къызэкъубох, къыдэкIуэтей щIэблэр хыбогъаплъэ. А махуэм къызэрагъэпэщ дауэдапщэхэр цIыхухэм я дежкIэ сэбэпщ къызыхэкIам и блэкIам ириплъэжыну, нобэ къыздэса зыужьыныгъэр зыхищIэну, пщэдей къыпэщылъ гъащIэр нэхъыфI зэрищIыным егупсысыну.

КIэщIу жыпIэмэ, лъэпкъ махуэшхуэм лъэпкъым и псэкупсэ къулеягъэр хегъахъуэ, нэхъыбэжым трегъэгушхуэ, и Iулыджыр еIэт. Ар щIэин нэхъ лъапIэу лIакъуэхэм зэIэпаххэм ящыщ зы мэхъу, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпищIэу. Мыр зи махуэшхуэ лъэпкъым и закъуэкъым зи сэбэпыр, атIэ зы щIыналъэ зэдисхэм я зэпыщIэныгъэр, зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэр, зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ Iэмал гъуэзэджэщ. Адыгэм къыдекIуэкI хабзэ дахэхэмрэ щэнхабзэ куумрэ а махуэм ялъагъу икIи къыдаIэт адрей лъэпкъхэми.

Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, адыгэу дунейм тетыр зэкъуегъэувэ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. А махуэр Iуэху хэха гуэркIэ щагъэпс Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми, шапсыгъхэр зэрыс Краснодар крайми, мэздэгу адыгэхэр щыпсэу Осетие Ищхъэрэ-Алание, Ставрополь щIыналъэхэми. Апхуэдэуи ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Германием, нэгъущI къэралхэми къикIыу къытIэрыхьэ хъуэхъу псалъэхэмрэ махуэр зэрагъэкIуам теухуа теплъэгъуэхэмрэ. Абхъаз Республикэм ис адыгэ мащIэм абхъазхэмрэ абазэхэмрэ къакъуэту ирагъэкIуэкIащ ди махуэшхуэр илъэс блэкIахэм. Апхуэдэ зэкъуэтыныгъэмрэ зэрыщIэныгъэмрэ гур хагъахъуэ, псэр ягъэгуфIэ.

КъыжыIапхъэщ хамэ къэралхэм ипхъа адыгэхэм я дежкIэ тIуащIэу зэрымахуэшхуэр. Абыхэм яхэлъ хабзэр махуэ къэс ягъэлъагъуэми, а хабзэм къежьапIэ хуэхъур, адэжь хэку зэраIэр, хэкум исхэм зэрапыщIар, я щIыбагъ къызэрыдэтыр, лъэпкъ щхьэхуэ къыхэкIауэ гушхуэу дунейм зэрытетыр а зыхэсхэм ирагъэлъагъун папщIэ фокIадэм и 20-р сэбэпщ.

Илъэс блэкIахэм тлъэгъуащ а махуэшхуэм иращIэкIа дауэдапщэхэр, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр. ИкIи къыдгурыIуащ лъэпкъ щэнхабзэм дежкIэ лъэпкъ махуэшхуэм мыхьэнэ пыухыкIа зэриIэр. Псом хуэмыдэу ар гугъу уехьу хамэ щIыпIэ щыщыпхъумэм деж щыбгъэлъэгъуэн зы махуэ уиIэныр уасэншэщ.

Махуэшхуэм теухуа и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей Адыгэ драмэ театрым и актер Хьэмырзэ Ахьэмэд: «Япэрауэ, Адыгэхэм я махуэр, гъэ къэси дахэу йокIуэкI. Махуэшхуэм и мыхьэнэм и гугъу пщIымэ, лъэпкъ псом къыбгъэдэкIыу мыхъуу, си щхьэ къыбгъэдэкI си еплъыкIэр къэсIуэтэнщ. ЩыIэщ «Мы махуэр щхьэ къыхаха? ЗэрытщIынур сыт? Ар фокIадэм и 20-м щхьэ трагъэхуа?», - жызыIэхэр. Дыгъэпсыр зэзэгъ къэкIыгъи, ар зытепсэ мыхъу удзи зэрыщыIэм ещхьу цIыхухэм я еплъыкIэхэр зэщхьэщокI. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, дыгъэр зыфIэфI удз гъэгъам зэрызиужьым, нэхугъэм зэрызыхуишийм ещхьу си псэкIэ, си IэпкълъэпкъкIэ, си гупсысэкIэ мы махуэм сигъэушэу, фIым, дахэм сыхуигъэпабгъэу щытщ.

ЦIыхур къалъхури, дунейм тетыху и махуэщ, ауэ зы хэха иIэщ, къехъулIахэм щыхэплъэжрэ и мурадхэр щиубзыхуу. Дауи, а зы махуэ хэхам узэрыщымыт уищIынукъым, ауэ ар къэдгъэсэбэпу къыкIэлъыкIуэ зэхыхьэгъуэр къэсыху дифI, ди фейдэ зыхэлъ Iуэхугъуэхэр длэжьын, ди щыщIэныгъэхэр дгъэзэкIуэжын хуейуэ аращ. Ди фащэр, ди хабзэр, ди бзэр, ди къафэр махуэ къэс дгъэлъэгъуэну зыри зэран къытхуэхъуркъым, ауэ абы фIэкIа димыкъалэну, ди нэгу зедгъэужь къудейкIэ псэуа дыхъунукъыми,  зыщыдгъэпсэхун, дыщыгушхуэн, дыщызэрылъагъун  зы махуэ хэгъэунэхукIа дызэриIэр сэ сфIэкъабылщ.

ЦIыху къэс езым и дуней иIэжщ. Къыщыхъуа унагъуэм, жылэм, къэралым - цIыхум и гъащIэ Iыхьэр щекIуэкI щIыпIэм - къигъэщIауэ. Апхуэдэу сэри сиIэщ адыгэ дунейкIэ сызэджэ,  си адыгэ гупсысэр щыпсэу щIыпIэ. Мис а си дунейм къыщыхъу-къыщыщIэ дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми, адыгэ лъэпкъыр ипэкIэ игъэкIуэтэну, зригъэужьыну кърахьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхуми и пэ симыувэмэ, иужь зыкъизгъэнэнукъым.  Ар къызыхэкIыр сызыщыщ лъэпкъым хузиIэ лъагъуныгъэрщ. Iуэху дахэ нэхъыбэ кърахьэжьэху, нэхъыбэрэ дызэхыхьэху ди мурадхэр нэхъ зэдгъэхъулIэфынущ. IитIыр зэрытхьэщIмэщ щызэрыщIэр, абы ипкъ иткIэ, цIыхубэр зэхыхьэн,  я гупсысэхэмкIэ зэдэгуэшэн, я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжэн хуейщ.  Мис абы и лъэныкъуэкIи сэбэпынагъ куэд пылъщ Адыгэхэм я махуэшхуэм.

Нобэ зэманым зэрызиужьым, зэрызихъуэжым уи щхьэ закъуэ ирехъу, лъэпкъ псо ирехъу ухуэхьэзыру, зыдебгъэкIуфу щытыпхъэщ. «Зэманым декIур лIыфIщ», - жиIакъэ Къэзанокъуэ Жэбагъы.  Иджырей зэманым къыздихь зэхъуэкIыныгъэхэм фIыгъуэ гуэр къызыпэкIуэну гуэр хэтлъагъуэмэ, ар къэтщтэн хуейщ. Си гугъэщ мы махуэшхуэр тхуэфIын хъуну, лъэпкъ псор дыщыгушхуэ махуэ угъурлы тхуэхъуну!»

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Аминат жеIэ:  «ФокIадэм и 20-м ди щIалэгъуалэр гушхуэу, ди ехъулIэныгъэхэр утыку къитхьэу, ди цIыху нэхъыфIхэр тIэту, диIэ фIыгъуэхэр дгъэлъагъуэу дызэхэтыныр я мураду ди нэхъыжьхэмрэ ди унафэщIхэмрэ кърахьэжьа Iуэхущ мыр. Ди лъэпкъым и тхыдэ къулейм хуэдэ зиIэ, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж зы лъэпкъи щыIэкъым махуэшхуэ имыIэу. Дэри ди беягъым къыхэхъуащ а махуэр. Дызэрыадыгэр тщIэжу, диIэ фIыгъуэм хуэфащэ пщIэр хуэтщIу дыкъэгъуэгурыкIуэн хуейщ махуэ къэси. Ауэ зы махуэ хэхам а псори къызэщIэткъуэрэ дыздэгушхуэу дызэхэтмэ, сыт ягъэ кIын?! Мыр унафэщIхэм къытхуагъэдахэу, къэрал унафэ щытращIыхьакIэ, дахэу дэдывгъэх.

Къапщтэмэ, дунейм адыгэу щызэбгрыпхъам я гуапэ мэхъу мы махуэр дызэриIэр. Сэ гу лъыстащ нэгъуэщI хэгъуэгухэм, къэралхэм къикIыу къэкIуэфа ди лъэпкъэгъухэм я нэм къыщIих нурымрэ къэмыкIуэфхэр къызэрыхъуапсэмрэ. Апхуэдэу гушхуэу адыгэр зэрызэхыхьэр куэд и уасэкъэ?! 

Къэбгъэлъагъуэмэ, сыт хуэдэ Iуэху къепхьэжьэми занщIэу ипIэ иувэркъым. Мыр зэрыдгъэлъапIэми Iэмал гуэрхэр етхьэлIэу нэхъ щIэщыгъуэ, нэхъ ин щIын хуейщ.  Зы махуэ закъуэ мыхъуу, зы тхьэмахуэкIэ   фестивалхэр, концертхэр, зэпеуэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр ебгъэкIуэкI хъунущ, мис абыхэм кърикIуахэр фокIадэм и 20-м къызэщIэткъуэжрэ гъэщIэгъуэну едгъэкIуэкIыу.  КIэщIу жыпIэмэ, ди махуэр махуэ хъунущ ди щIалэгъуалэр утыку иту, ди нэхъыжьхэр ди жьантIэу гуфIэгъуэр  зэдэтIэтмэ».

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться: