Бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм хуэхьэзырщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм илъэсым щыщу блэкIа мазищым зэфIагъэкIахэр къыщапщытэжа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Хэхауэ абы щытепсэлъыхьащ бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм республикэр зэрыхуэхьэзырым.

Зэхуэсыр Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед и унафэм щIэту екIуэкIащ. Абы хэтащ район, къалэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр. Жылэхэм электрокъару, газ, псы хуабэрэ щIыIэрэ яIэрыгъэхьэныр, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэныр зи пщэ дэлъхэр къыщыпсэлъащ зэхуэсым.

Пэублэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министрым и чэнджэщэгъу Бэлагъы Борис. Абы зэрыжиIамкIэ, 2023 - 2024 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зыхуэгъэхьэзырыныр, зэраубзыхуам тету, дагъуэншэу къызэгъэпэща хъуащ.

Урысей Федерацэм ЭнергетикэмкIэ и министрым и унафэм ипкъ иткIэ, жэпуэгъуэ мазэм и япэ махуэм ирихьэлIэу хьэзыр хъун хуейщ республикэр хуабэкIэ къызэгъэпэщыным пыщIа псори.

- Лэжьыгъэр ныкъусаныгъэншэу егъэкIуэкIыным ар зи пщэ дэлъ IуэхущIапIэхэр хуэмыхьэзыру хъунукъым. Абы папщIэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ абыкIэ жэуап зыхь IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэщауэ щытщ.

КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ коммунальнэ хозяйствэмкIэ министерствэм а дызытепсэлъыхь лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым и нэIэ тригъэтщ гъэмахуэм и япэ мазэм щыщIэдзауэ, - жиIащ Бэлагъы Борис.

Абы зэрыжиIамкIэ, лъэхъэнэщIэ дызыхуэкIуэм жылэхэм, IуэхущIапIэхэм щыщIэныгъэншэу хуабэ яIэрыгъэхьэным сом мелуан 959369-рэ трагъэкIуэдэнущ, республикэм и бюджетым, щIыпIэ администрацэхэм,  IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкIыу. НобэкIэ, абы щыщу процент 57,6-рэ къагъэсэбэпащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, сом мелуан 553-рэ лэжьыгъэм халъхьащ.

«Зи гугъу тщIы гъэплъыгъуэ лъэхъэнэщIэм дыхуэщIауэ дыхуокIуэ. Фэтэр куэду зэхэт псэупIэ унэхэм хуабэ яIэрыгъэхьэным щыщIэныгъэншэу дыхуэхьэзырщ», - жиIащ Бэлагъым.

Апхуэдэу, зэIущIэм щытепсэлъыхьащ хуабэр щыщIэныгъэншэу яIэрыхьэн папщIэ, унэ кIуэцIхэм щрагъэкIуэкI инженер лэжьыгъэхэр республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ мы мазэм и 25 пщIондэ зэфIагъэкIын зэрыхуейм.

Нэхъ тегъэчыныхьауэ и гугъу ящIащ котельнэхэр лъэхъэнэщIэм хуэгъэхьэзырыныр зэфIагъэкIыным.

ЗэIущIэр щызэхуищIыжым, Къуныжь МуIэед жиIащ Ухуэныгъэмрэ псэупIэ коммунальнэ хозяйствэмкIэ министерствэр дызыхуэкIуэ лъэхъэнэщIэм зэрыхуэхьэзырым арэзы утехъуэ хъуну.

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ